Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 9:59 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

59 – Си ужь къиувэ, – жриӀащ Хьисэ нэгъуэщӀ гуэрым. – Зиусхьэн, – жиӀащ адрейм, – сыкӀуэу, си адэр щӀэслъхьэжыну хуит сыщӀ япэщӀыкӀэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

59 – Си ужь къиувэ, – жриӀащ Абы нэгъуэщӀ зым. – Зи щӀыхьыр ин, япэщӀыкӀэ си адэр щӀэзгъэлъхьэж, – къитащ абы жэуап.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 9:59
8 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ итӀанэ: – Си ужь зыгуэр къиувэну хуеймэ, езыр зыхуей Ӏуэхугъуэхэр кърегъанэ, лӀэныгъэм и жорыр кърещти, си ужь къреувэ.


Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* и Ӏуэхугъуэхэмрэ Тхьэм и щыпкъагъэмрэ я ужь фит япэ щӀыкӀэ, а Ӏуэхугъуэ псори къыфӀэщӀыхьэнущ итӀанэ.


АдэкӀэ кӀуэурэ, хьэкътын ахъшэр щыхах унэм деж щысу Маттэ зи цӀэ лӀы гуэр илъэгъуащ Хьисэ. – Си ужь къиувэ, – жриӀащ абы Хьисэ. Маттэ къэтэджри, Хьисэ и ужь иуващ.


– ЛӀахэм езыхэм я лӀахэм я хьэдэхэр щӀрыралъхьэж, – жриӀащ абы Хьисэ, – ауэ уэ кӀуэи, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым цӀыхухэр егъэдаӀуэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ