Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 9:56 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

56 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыхухэр игъэкӀуэдыну аракъым, атӀэ мыкӀуэду къригъэлыну аращ. НэгъуэщӀ жылэ гуэрым кӀуащ итӀанэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

56 Ахэр нэгъуэщӀ жылэ кӀуащ итӀанэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 9:56
16 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыхухэм я сэбэп зригъэкӀын щхьэкӀэкъым, атӀэ езым и сэбэп цӀыхухэм яригъэкӀын икӀи цӀыху куэдым щхьэкӀэ и псэр щхьэщэхужу итын папщӀэщ.


Тхьэм дунейм и цӀыхухэр игъэкъуэншэну аракъым езым и Къуэр дунейм къыщӀигъэкӀуар, атӀэ и Къуэм къыпкърыкӀэу дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.


ДыгъуакӀуэр къыщӀэкӀуэр дыгъуэн, цӀыхур иукӀын икӀи игъэкӀуэдын щхьэкӀэщ. Сэ сыкъыщӀэкӀуар цӀыхухэм гъащӀэр щызу естыну аращ.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар кӀуэдыпӀэ ихуа цӀыхухэр къилъыхъуэурэ, мыкӀуэду къригъэлыну аращ.


– Фысакъ, мы цӀыкӀухэм ящыщ зыри нэмыплъ евмыт; сэ нывжызоӀэ, мы цӀыкӀухэм я мелыӀыч уафэгурысхэм си Адэу уафэм щыӀэм и нэгур зэпымыууэ ялъагъури.


Мы псалъэхэр пэжщ, ахэр ящтэну цӀыху псоми яхуэфащэщ: Гуэныхь зыщӀэхэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, Мэссихь Хьисэ мы дунейм къэкӀуащ. Абыхэм ящыщу япэ итыр сэращ.


– Си псалъэхэр зэхэзыхыу емыдаӀуэр сэ згъэкъуэншэнукъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дунейм и цӀыхухэр згъэкъуэншэн щхьэкӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ ахэр мыкӀуэду къезгъэлын папщӀэщ.


– Си Адэ, къахуэгъэгъу абыхэм, – жиӀащ Хьисэ, – ялэжьыр зи щӀысыр къагурыӀуэркъым. Пхъэидзэ ящӀурэ, Хьисэ и щыгъынхэр зауэлӀхэм зэхуагуэшыжащ.


– Щывгъэт! И ужь икӀ! – жиӀащ Хьисэ. А унэӀутым и тхьэкӀумэм теӀэбэри игъэхъужащ итӀанэ.


ауэ сэ нывжызоӀэ, цӀыху бзаджэм фыпэмыув. АтӀэ уи нэкӀу ижьым къеуэ дэтхэнэми, адрей уи нэкӀури хуэгъазэ.


Абыхэм захуигъазэри, ар яхуимыдэу, Хьисэ яжриӀащ: – Хьэуэ, ар хъунукъым;


Ахэр гъуэгум здытетым, Хьисэ зэгуэрым къыжриӀащ: – Уэ дэнэ укӀуэми, уи ужь сиувэнущ.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыху кӀуэдам лъыхъуэурэ, мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ