Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 9:52 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

52 ЛӀыкӀуэхэр игъэкӀуащ япэ щӀыкӀэ. Ахэр кӀуэри, Самарие хэкум щыщу жылэ гуэрым дыхьащ, Хьисэ хэщӀапӀэ щыхуагъэхьэзырын щхьэкӀэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

52 Арати, Хьисэ лӀыкӀуэу цӀыху зыбжанэ япэ иригъэщащ. Ахэр кӀуэри, Самарие хэкум хиубыдэ жылэ гуэрым дыхьащ, Абы хэщӀапӀэ къыхуагъэхьэзырыну.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 9:52
13 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

А апостол пщыкӀутӀыр щригъажьэм, мыпхуэдэ унафэ яхуищӀащ Хьисэ: – Хамэ лъэпкъхэм я деж фымыкӀуэ, Самарие хэкум щыщ къалэ гуэри фыдэмыхьэ.


Хьисэ и лъабжьэм бгъэгукӀэ зыщӀидзэри, фӀыщӀэ хуищӀащ. А лӀыр Самарие хэкум щыщт.


Самарие хэкум щыщ лӀы гуэр, а гъуэгум тетурэ, а лӀым деж нэсащ. Щилъагъум, игу щӀэгъури,


Абы и ужькӀэ Зиусхьэным цӀыху блыщӀ къыхихри, дэтхэнэ къалэу е дэтхэнэ щӀыпӀэу езыр здэкӀуэн хуейм мыкӀуэ щӀыкӀэ тӀурытӀу игъэкӀуащ.


– Самарие цӀыхухэм уащыщщ, жин бзаджэм уиӀыгъщ жыдоӀэ. ЖытӀэр пэжкъэ? – къыжраӀащ журтхэм Хьисэ.


Ар Тхьэм и псалъэу тхахэм зи хъыбар мыпхуэдэу яхэт лӀыкӀуэрщ: «Мис, сэ си лӀыкӀуэр уяпэ къихуэу нэзгъэкӀуэнурэ, абы уи гъуэгур пхуигъэпсынущ».


Хьисэ Ерусалим кӀуэуэ, Самарие, Галилей хэкухэм кӀуэцӀрыкӀырт.


Самарие хэкум кӀуэцӀрыкӀыну къыпэщытт Хьисэ.


КӀуэурэ, Самарие хэкум щыщ Сихар къалэм нэсащ; а къалэр Екъуб езым и къуэ Исуф иритыгъа щӀыгу Ӏыхьэм пэгъунэгъут.


Уэ ужуртщ, сэ Самарие сыщыщ цӀыхубзщ, – къыжриӀащ самарие цӀыхубзым Хьисэ. – Псы уезгъэфэну дауэ укъызэлъэӀуфрэ? – (Апхуэдэу щӀыжиӀар журтхэмрэ самарие цӀыхухэмрэ зэхыхьэу щыттэкъыми, аращ.)


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ