Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 9:41 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

41 – Е-ей, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэу, иджырей цӀыху къуаншэхэ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт хуэдизрэ сыфхэтын икӀи фысшэчын хуей? Къашэ мыдэ уи щӀалэр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

41 – ФӀэщхъуныгъэншэу зэкӀуэкӀа щӀэблэ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт хуэдизрэ иджыри сыфхэтыну? Сыт хуэдизрэ иджыри фысшэчыну? Къашэ мыдэ уи щӀалэр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 9:41
31 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хьисэ Фомэ къыжриӀащ: – Уи Ӏэпхъуамбэр мэуэ къытелъхьэ, си Ӏэхэми къеплъ. Уи Ӏэри къэший, си джабэм къытелъхьэ. Шэч къытомыхьэ, фӀэщхъуныгъэ зигъэӀэ.


– Мыпхуэдизрэ сывигъусауэ иджыри къэс сыкъыумыцӀыхуауэ ара, Филипп? – жриӀащ абы Хьисэ. – Сэ сыкъэзылъэгъуам Адэ лъапӀэри илъэгъуащ. «Адэ лъапӀэр дыгъэлъагъу» дауэ къызжепӀэфрэ итӀани?


– Еууей, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ иджырей цӀыхухэ! – яжриӀащ Хьисэ. – Сыт хуэдизрэ сыфхэтын хуей? Сыт хуэдизрэ фысшэчын хуей? Къысхуэфшэ а щӀалэр.


– Е-ей, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэу къуаншагъэ зылэжь иджырей цӀыхухэ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт хуэдизрэ сыфхэтын хуей? Сыт хуэдизрэ фысшэчын хуей? Къысхуэфшэ а щӀалэр.


Тхьэм пэгъунэгъу хъуну Хьисэ зылъигъэкӀ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын сыт щыгъуи хузэфӀокӀ абы щхьэкӀэ. Хьисэ а цӀыхухэм Тхьэм яхуелъэӀуну игъащӀэкӀэ псэунущи.


Аращи, а гупсэхужыпӀэм дызэрыщӀыхьэным и ужь дивгъэт. Ди адэжьхэм Тхьэм едэӀуэну зэрамыдам хуэдэу, дэ тщыщ гуэр Тхьэм емыдаӀуэу щремыт. Ар мыхъумэ, а цӀыхур Тхьэм и гупсэхужыпӀэм щӀыхьэнукъым.


А гупсэхужыпӀэм и хъыбарыр абыхэм зэралъэӀэсам хуэдэу, дэри къытлъэӀэсащ. Ауэ абыхэм зэхаха хъыбарыфӀым и фӀагъ къекӀыу щытакъым, а хъыбарыфӀыр щызэхахым, я фӀэщ хъуатэкъыми.


Абыхэм фӀэщхъуныгъэ зэрамыӀам щхьэкӀэ Тхьэм и гупсэхужыпӀэм щӀыхьэн зэралъэмыкӀар долъагъу.


Е Тхьэм и фӀыгъуэшхуэри, и гущабагъэшхуэри, и шыӀэныгъэшхуэри гулъытэншэу къэбгъанэу ара? Уэ гуэныхьу пщӀахэм уахущӀегъуэжыну Тхьэм и фӀыгъуэшхуэкӀэ Ӏэмал къызэрыуитыр къыбгурыӀуэркъэ?


Губгъуэ нэщӀым илъэс плӀыщӀкӀэ щигъэшхащ.


НэгъуэщӀ псалъэ куэдкӀи хуабжьу тригъэчыныхьурэ Петр абыхэм елъэӀуащ: – Мы лъэпкъ бзаджэм Тхьэм зыхевгъэшыжи, фымыкӀуэду зыкъревгъэгъэл.


Абыхэм яжриӀащ итӀанэ: – Фи фӀэщхъуныгъэр дэнэ щыӀэ? – Хэт мыр? Жьыми псыми унафэ яхуещӀри, егъэдаӀуэ, – шынэрэ ягъэщӀагъуэу зэупщӀэжащ ахэр.


Иджырей цӀыху бзаджэу Тхьэр зымыщӀэхэр нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ хуейщ, ауэ Инус бегъымбарым и нэщэнэм фӀэкӀа Тхьэм абыхэм къаритынукъым. Ар жиӀэщ, абыхэм яхэкӀри, Хьисэ ежьэжащ.


– Иджырей цӀыху бзаджэу Тхьэр зымыщӀэхэр нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ хуейщ, ауэ Инус бегъымбарым и нэщэнэм фӀэкӀа Тхьэм абыхэм нэщэнэ къаритынукъым;


Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ ящыщ куэд зрагъэумэхъын щхьэкӀэ къэкӀуауэ щилъагъум, Иуан яжриӀащ: – Фэ, блэ щылъхухэ! Тхьэм и губжьу къэкӀуэнум фыӀэщӀэкӀын гугъэ хэт фэзыгъэщӀар?


Ди адэжьхэм бзаджагъэу ящӀахэр дэ къытхуумылъагъу; уи гущӀэгъу псынщӀэу къытлъэгъэӀэс, ди гур кӀуэдащ.


Хьисэ къэувыӀэри, жиӀащ: – Моуэ къысхуевджэт ар. – Умыдзыхэ, къэтэдж, езыр къоджэ, – жаӀэри нэфыр къраджащ.


Ар щилъагъум, губгъэн хэлъу, Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Сабийхэр си деж кърекӀуэ, фапэрымыуэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи.


Пэжыр нывжызоӀэ, мы Ӏуэху мыхъумыщӀэ псоми я лажьэр иджырей цӀыхухэм къатехуэнущ.


Апхуэдэу щыхъукӀэ, езым нэхърэ нэхъ Ӏейуэ нэгъуэщӀ жин бзаджибл здешэри, макӀуэри, унэм щӀотӀысхьэ. ИкӀэм-икӀэжым а цӀыхум и Ӏуэхур япэм нэхърэ нэхъ Ӏей мэхъу. Аращ иджырей цӀыхухэм къащыщӀынур.


– ЦӀыху ешаелӀа, хьэлъэ уэндэгъу зытелъ псори, си деж фыкъакӀуэ, гузэгъэгъуэ фэстынущи.


Уи гъуэгу ирикӀуэхэм селъэӀуат ар хахуну, ауэ яхузэфӀэкӀакъым.


ЩӀалэр къыщыхуашэм, жин бзаджэм щӀым зыхригъадзэри, ар къигъэкӀэзызащ. Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ жин бзаджэм егийщ, щӀалэр игъэхъужри, и адэм иритыжащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ