Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 9:28 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

28 А псалъэхэр жиӀа нэужь, махуий дэкӀауэ, Петр, Иуан, Екъуб сымэ зыщӀигъури, Тхьэм елъэӀуну Хьисэ бгым дэкӀащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

28 А псалъэхэр жиӀа нэужь, махуий хуэдиз дэкӀауэ, Питрэс, Яхья, Екъуб сымэ зыщӀигъури, Хьисэ тхьэ елъэӀуну Ӏуащхьэм дэкӀуеящ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 9:28
18 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм елъэӀун щхьэкӀэ, Хьисэ Ӏуащхьэм дэкӀуеящ а махуэхэм. Тхьэм елъэӀуурэ, жэщ псор абы щигъэкӀуащ.


Тхьэуэ Зиусхьэным псалъэ быдэ итащи, щӀегъуэжынкъым: «Мелхиседек хуэдэу, уэри удин пашэнщ игъащӀэкӀэ».


Махуэ гуэрым, щӀыпӀэ пхыдза гуэрым щыӀэу, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу Тхьэм елъэӀуа нэужь, абыхэм еупщӀащ: – ЦӀыхубэм сэ сыхэту жаӀэрэ?


Иаир и унэм щынэсым, Петр, Иуан, Екъуб сымэрэ хъыджэбзым и адэ-анэмрэ фӀэкӀа Хьисэ унэм здыщӀишакъым.


Хьисэ цӀыхухэр иутӀыпщыжа нэужь, Ӏуащхьэм дэкӀуеящ, Тхьэм елъэӀуну.


Пщэдджыжьым жьыуэ къэтэджщ, къалэм дэкӀщ, щӀыпӀэ пхыдза гуэрым кӀуэри, Хьисэ Тхьэм елъэӀуащ.


Хьисэ дунейм щытета махуэхэм макъ хэӀэтыкӀакӀэ джэурэ, и нэпсыр къежэхыурэ, лӀэныгъэм къыӀэщӀэзыхыфыну Тхьэм и фӀэщу елъэӀуащ. ЗэредаӀуэм щхьэкӀэ абы и макъыр Тхьэм зэхихащ.


Фи деж мыр ещанэу сынокӀуэ. Абы щыгъуэ щыхьэтитӀым е щыхьэтищым къыжаӀэмкӀэ фэ фщыщ гуэр зэрывгъэкъуаншэ дэтхэнэ Ӏуэхур ягъэпэжа хъун хуейщ.


Иуан, цӀыху псори иумэхъа нэужь, Хьиси иумэхъащ. Хьисэ Тхьэм щелъэӀум, уафэр зэӀукӀри,


ЦӀыху гупышхуэхэр щилъагъум, Ӏуащхьэм дэкӀуейри, Хьисэ етӀысэхащ. ЩетӀысэхым, и гъуэгу ирикӀуэхэр абы къыбгъэдыхьащ.


ЦӀыхухэр иутӀыпщыжа нэужь, Тхьэм елъэӀуну Ӏуащхьэм и закъуэ дэкӀуеящ. Пщыхьэщхьэр щыхъуам, ар и закъуэу абдеж къытенащ.


Ауэ цӀыхухэм яхэкӀыурэ, Тхьэм щелъэӀуну щӀыпӀэ пхыдзахэм кӀуэныр и хабзэу щытащ Хьисэ.


Хьисэ Ӏуащхьэм дэкӀащ, и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу абдежым щетӀысэхащ.


Хьисэ Мэссихь лъэкӀыныгъэшхуэу иӀэмрэ дунейм къызэригъэзэжынумрэ я хъыбарыр къыщыфхуэтӀуатэм деж, ӀущыгъэкӀэ дэ къэдгупсысауэ таурыхъхэр нывжетӀэу аракъым, атӀэ езым и щӀыхьышхуэр дэ ди нэкӀэ тлъэгъуащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ