Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 9:20 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

20 – АтӀэ фэ сэ сыхэту жыфӀэрэ? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм. – Уэращ Тхьэм и Мэссихьыр, – къыжриӀащ Петр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

20 – АтӀэ фэ сыхэту жыфӀэрэ? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм. – Уэ Тхьэм ури-Мэсихьщ, – жиӀащ Питрэс.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 9:20
20 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Мыращ Мэссихьыр, – жаӀэрт нэгъуэщӀхэми. Ауэ нэгъуэщӀ гуэрхэми жаӀэрт: – Мэссихь Галилей хэкум щыщынукъым, аракъэ?


– ФыкъакӀуи, феплъыт, лӀы гуэрым сэ сщӀа псори къызжиӀэжащ. Арауэ пӀэрэ Мэссихьыр?


Мэссихь, гугъуехь ишэча нэужь, лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейуэ зэрыщытар захригъэщӀыкӀыурэ, яхуигъэнэхуащ. – Хьисэ зи хъыбар фхуэсӀуатэр Мэссихьыращ, – жиӀащ.


Ауэ Щаул нэхъ лъэкӀыныгъэ иӀэ хъуащ. Хьисэ зэры-Мэссихьыр игъэщыпкъэжурэ, Дамаск дэс журтхэм езым къыжраӀэнур ямыщӀэу къигъэнащ.


Мы Ӏуэхухэр щӀэттхар Хьисэ Мэссихь Тхьэм и Къуэу зэрыщытымкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъун папщӀэщ, Хьисэ и цӀэкӀэ мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ хъун щхьэкӀэщ а фӀэщхъуныгъэмкӀэ.


– Мэхъу, Зиусхьэн, – къыжриӀащ Марфэ. – Тхьэм и Къуэ Мэссихьу дунейм къэкӀуэн хуеяр уэрауэ зэрыщытыр си фӀэщ мэхъу.


– Уэ жыпӀам и закъуэкъым фӀэщхъуныгъэ диӀэ зыгъэхъуар, – жраӀащ абыхэм цӀыхубзым, – атӀэ ди тхьэкӀумэкӀэ зэхэтхащ езым жиӀэр, дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр пэжу арауэ зэрыщытыр къэтщӀащ.


– Равви, уэ Тхьэм ури-Къуэщ, Израилым урипащтыхьщ, – къыжриӀащ Нафанаил.


Индрис и къуэш Симон япэщӀыкӀэ къигъуэтри жриӀащ: – Мэссихьыр къэдгъуэтащ. (Мэссихьым къикӀыр «Христосыр» арщ.)


– АтӀэ фэ сэ сыхэту жыфӀэрэ? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм. – Уэращ Мэссихьыр, – къыжриӀащ Петр Хьисэ.


Хьисэ зэры-МэссихьымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр Тхьэм и бынщ. Адэр фӀыуэ зылъагъу дэтхэнэми абы и къуэри фӀыуэ елъагъу.


Гъуэгум ирикӀуэурэ, псы гуэр деж нэсауэ, Ӏэтащхьэм жиӀащ: – Мис псы. Сыбумэхъ хъунукъэ?


– Мэссихьыр уэрамэ, къыджеӀэ, – къыжраӀащ. – Сэ вжесӀэми, ар фэ фи фӀэщ хъунукъым, – яжриӀащ Хьисэ.


Хьисэ, зиущэхуауэ, зыри жиӀэртэкъым. – Уэра Мэссихьу щӀыхьышхуэ зиӀэ Тхьэм и Къуэр? – аргуэру еупщӀащ дин пашэшхуэр Хьисэ.


– Мэссихь теухуауэ сыт жыфӀэн? Хэт ар зи къуэр? – Даут и къуэщ ар, – жаӀащ абыхэм.


Фэ фи къуэшхэм фӀэкӀа зыми и Ӏэр фымыубыдмэ, егъэлеяуэ сыт фӀыгъэ фщӀэр? Хамэ лъэпкъхэми апхуэдэу ящӀэркъэ?


Ауэ Хьисэ зыри жиӀакъым. – СынолъэӀу, гъащӀэр зи ӀэрыкӀ Тхьэм и цӀэкӀэ къыджеӀэ, уэра Мэссихьу Тхьэм и Къуэр? – къеупщӀащ дин пашэшхуэр Хьисэ.


– Языныкъуэхэм цӀыхухэр зыумэхъ у-Иуану жаӀэ, – жэуап къыратащ абыхэм. – НэгъуэщӀхэми у-Иляс бегъымбару жаӀэ. Адрейхэми пасэрей бегъымбархэм ящыщ къэтэджыжауэ жаӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ