Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 9:18 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

18 Махуэ гуэрым, щӀыпӀэ пхыдза гуэрым щыӀэу, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу Тхьэм елъэӀуа нэужь, абыхэм еупщӀащ: – ЦӀыхубэм сэ сыхэту жаӀэрэ?

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

18 Хьисэрэ и гъэсэнхэмрэ я закъуэу махуэ гуэрым тхьэ елъэӀуа нэужь, Хьисэ абыхэм еупщӀащ: – ЦӀыхубэм Сэ сыхэту жаӀэрэ?

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 9:18
11 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм щӀыпӀэ гуэрым щелъэӀурт Хьисэ. Тхьэм елъэӀуа нэужь, и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ гуэрым абы жриӀащ: – Зиусхьэн, цӀыхухэр зыумэхъ Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэм Тхьэм узэрелъэӀун хуей щӀыкӀэр зэраригъэщӀам хуэдэу, уэри дэ дыгъащӀэ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу, Гефсимание зи цӀэ жыг хадэм кӀуащ абы и ужькӀэ. – Мыбдеж фыщыс, сэ модэ сыкӀуэу, Тхьэм селъэӀуху, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.


ЦӀыхухэр иутӀыпщыжа нэужь, Тхьэм елъэӀуну Ӏуащхьэм и закъуэ дэкӀуеящ. Пщыхьэщхьэр щыхъуам, ар и закъуэу абдеж къытенащ.


Иуан, цӀыху псори иумэхъа нэужь, Хьиси иумэхъащ. Хьисэ Тхьэм щелъэӀум, уафэр зэӀукӀри,


Тхьэм елъэӀун щхьэкӀэ, Хьисэ Ӏуащхьэм дэкӀуеящ а махуэхэм. Тхьэм елъэӀуурэ, жэщ псор абы щигъэкӀуащ.


– Языныкъуэхэм цӀыхухэр зыумэхъ у-Иуану жаӀэ, – жэуап къыратащ абыхэм. – НэгъуэщӀхэми у-Иляс бегъымбару жаӀэ. Адрейхэми пасэрей бегъымбархэм ящыщ къэтэджыжауэ жаӀэ.


А псалъэхэр жиӀа нэужь, махуий дэкӀауэ, Петр, Иуан, Екъуб сымэ зыщӀигъури, Тхьэм елъэӀуну Хьисэ бгым дэкӀащ.


Тхьэм зделъэӀум, Хьисэ и нэкӀум и теплъэм зихъуэжащ, и щыгъынхэри хужьыбзэу лыд хъуащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ