Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 9:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

11 АрщхьэкӀэ, цӀыху гупышхуэм ар къыщащӀэм, Хьисэ кӀэлъыкӀуащ. Хьисэ абыхэм дахэкӀэ къапежьащ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуауэ епсэлъащ, игъэхъужын хуейхэри игъэхъужащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

11 АрщхьэкӀэ цӀыхухэм ар къащӀэри, кӀэлъыкӀуащ. Щынэсым, Хьисэ ахэр иригъэблагъэри, Тхьэм и Тепщэныгъэм яхутепсэлъыхьащ, гъэхъужын хуейхэри игъэхъужащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 9:11
21 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Аращи, дэӀэпыкъуэгъу дыхуэныкъуэ щыхъукӀэ, Тхьэм гущӀэгъу къытхуищӀын икӀи и нэфӀ къытщыхуэн щхьэкӀэ Зи гущӀэгъур иным и тахътэм дыгушхуауэ девгъэкӀуалӀэ.


Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм егъащӀэ, игъуэу щыщытми щыщымытми ахэр ебгъэщӀэным хэт. ЯгурыгъаӀуэ, егъэдэӀуэ, ущий, шыӀэныгъэ псомкӀи щыпкъагъэр егъащӀэ.


Мэссихьи езым и фӀагъ зригъэкӀыжакъым, ауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Уэ, си Тхьэм, къыпхущӀэджащ, ауэ жаӀахэр сэ къыстехуащ».


Ауэ ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ ямыӀэмэ, дауэ зэрелъэӀунур? Абы и хъыбари зэхамыхамэ, дауэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ зэрыхъунур? Абы и хъыбари зыми яхуимыӀуатэмэ, дауэ зэрызэхахынур?


Къыпэрыуэ лъэпкъ щымыӀэу, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыр Паул цӀыхухэм яхуиӀуатэрт, Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь теухуа хъыбархэри тегушхуауэ цӀыхухэм яригъащӀэрт.


Адэ лъапӀэм къызит цӀыху псори си деж къэкӀуэнущ, си деж хэт къакӀуэми, сэ збгъэдэзгъэкӀыжынукъым.


– Сэ си шхыныгъуэр сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейр злэжьыну, абы и Ӏуэхур нэзгъэсыну аращ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


ЦӀыхухэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым ирагъэдэӀуэну, сымаджэхэр ягъэхъужыну иригъэжьащ.


– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэхухэр фщӀэну абы хуитыныгъэ къывитащ фэ, – жиӀащ Хьисэ, – ауэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм ущие хъыбархэмкӀэ сопсалъэ. Аращи, «еплъ пэтми, абыхэм ялъагъунукъым, даӀуэ пэтми, къагурыӀуэнукъым».


Абы и ужькӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуиӀуатэурэ, Хьисэ къалэхэри жылэхэри къызэхикӀухьащ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр и гъусэу.


– Узыншэхэракъым дохутыр хуэныкъуэр, атӀэ сымаджэхэращ, – яжриӀащ Хьисэ.


ХуэмыщӀахэм тыгъэфӀхэр яритащ, ауэ бейхэр ӀэнэщӀу къигъэнащ.


– Аращи, нывжызоӀэ, – къыпищащ Хьисэ, – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнымкӀэ хуитыныгъэр фэ къыфтрихынурэ, и Тепщэныгъэшхуэм хуэфащэу фӀыгъуэр зыгъэзащӀэ нэгъуэщӀ лъэпкъ гуэрым иритынущ.


– Хэт а тӀум щыщу адэр зыхуейр зыгъэзэщӀар? – Япэр арщ, – къыжраӀащ абыхэм. – Пэжыр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ псэжьхэмрэ фэ фяпэ щӀыхьэнущ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм.


Хьисэ кхъуэфэжьейм къикӀыу, цӀыху гупышхуэр щилъагъум, игу ящӀэгъури, сымаджэу яхэтыр игъэхъужащ.


Аращи, хъыбарыфӀыр щызэхахкӀэ цӀыхухэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ мэхъу, Тхьэм и псалъэхэр зыгуэрым щахуиӀуатэкӀи а хъыбарыфӀыр зэхах.


Абыхэм я мурадыр къыщищӀэм, Хьисэ а щӀыпӀэм икӀыжащ. Хьисэ и ужь цӀыху куэд иуващ, икӀи абыхэм яхэт сымаджэ псори игъэхъужащ.


Хьисэ деж къыщагъэзэжым, апостолхэм ялэжьа Ӏуэхухэр абы хуаӀуэтэжащ. Хьисэ цӀыхухэм яхэкӀщ, апостолхэр зыщӀигъури, ВифсайдэкӀэ зэджэ къалэм кӀуащ итӀанэ я закъуэу.


Махуэр хэкӀуатэу щӀидзащ. И гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къыжраӀащ: – Къуажэ-жылэ гъунэгъухэм кӀуэуэ, жэщыр щрахынрэ гъуэмылэрэ къагъуэтыну цӀыхухэр утӀыпщыж; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы щӀыпӀэр пхыдзащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ