Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 8:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 А жылэм щыщ щӀыгулъ фӀыцӀэми хэлъэлъащ. Ахэр къэкӀри, щхьэмыжхэр къапыкӀащ, зы гуэдз хьэдзэр гуэдз хьэдзищэ хъуащ. Ар жиӀа нэужь, макъышхуэкӀэ щӀигъужащ Хьисэ: – ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

8 Жылэм щыщ щӀыфӀми хэхуащ, къэкӀащ икӀи трисар щэкӀэ бэгъуауэ къытрихыжащ. Ар жиӀа нэужь, Хьисэ макъ лъагэкӀэ къыпищащ: – ТхьэкӀумэ зиӀэм жысӀэр зэхрырех.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 8:8
25 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм. ЕтӀуанэ лӀэныгъэм и ягъэ иригъэкӀынукъым текӀуэныгъэр къэзыхьым.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм. Тхьэм и жэнэтым ит жыгыу цӀыхухэм гъащӀэ къезытым къыпыкӀэм щыщ ишхыну хуит сщӀынущ текӀуэныгъэр къэзыхьыр.


НэгъуэщӀ цӀыху гупыр щӀыгулъ фӀыцӀэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Абыхэм Тхьэм и псалъэхэр зэхах, ящтэ икӀи фӀыгъуэ къадокӀуэ, – е хуэдэ щэщӀ, е хуэдэ хыщӀ, е хуэдищэ.


А жылэм щыщ щӀыгулъ фӀыцӀэми хэлъэлъащ. Ахэр къэкӀым, хэхъуэурэ, щхьэмыжхэр къапыкӀащ. Зы гуэдз хьэдзэр хьэдзэ щэщӀ хъуащ, адрей гуэдз хьэдзэр хьэдзэ хыщӀ, адрейри хьэдзищэ хъуащ.


НэгъуэщӀ зыри щӀыгулъ фӀыцӀэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. А цӀыхуращ Тхьэм и псалъэхэр зэхихыу зэхэзыщӀыкӀыр. Абы фӀыгъуэ къыпокӀ, – е хуэдищэ, е хуэдэ хыщӀ, е хуэдэ щэщӀ.


НэгъуэщӀ цӀыху гупыр щӀыгулъ фӀыцӀэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ фӀыгъуэрэ щыпкъагъэрэ зи гум илъу, Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу зыубыдыр. Теубыдэныгъэ яӀэщ икӀи фӀыгъуэ къапокӀ абыхэм. Ар жиӀа нэужь, макъышхуэкӀэ щӀигъужащ Хьисэ: – ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.


Исхьэкъ а щӀыналъэм итӀысхьащ, гъавэ щисэри къытрихащ а гъэм хьэуэ хуэдищэкӀэ нэхъыбэ: апхуэдэу и нэфӀ къыщыхуащ абы Зиусхьэным.


Абы щыгъуэ Зиусхьэным и гум сыт и лъэныкъуэкӀи фрихьурэ, езым фыхуэфащэу фыпсэунущ. Фэ влэжь ӀуэхуфӀ псоми фӀыгъуэ къыдэкӀуэнущ, Тхьэри кӀуэ пэтми нэхъ фщӀэнущ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы дызэрыщытым хуэдэу дызыщӀар Тхьэращ. Мэссихь ди псэм щыщыну Тхьэм дыкъигъэщӀащ, Тхьэм къытхуигъэхьэзыра ӀуэхуфӀхэр длэжьын щхьэкӀэ.


ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.


ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.


А жылэ дыдэм щыщ банэхэм хэлъэлъащ. Банэхэм абыхэм щӀыгъуу зыкъаужьри, жылэм къикӀыкӀар банэхэм ятхьэлащ.


ЩӀымкӀи вэнывеймкӀи ар сэбэп хъужынукъым. Апхуэдэр хыфӀадзэж. – ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ