Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 8:54 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

54 Хьисэ хъыджэбз цӀыкӀум и Ӏэр иубыдри, жиӀащ: – КъызэфӀэувэ, си хъыджэбз.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

54 Хьисэ абы и Ӏэр иубыдри мыпхуэдэу жиӀащ: – Пщащэ цӀыкӀу, къэтэдж!

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 8:54
15 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Петр цӀыхухэр унэм щӀигъэкӀщ, лъэгуажьэмыщхьэу уври, Тхьэм елъэӀуащ. Хьэдэм зыхуигъазэри, жиӀащ итӀанэ: – Тавифэ, къэтэдж! Тавифэ и нэхэр къызэтрихри, Петр щилъагъум, къэтӀысащ.


Ар жиӀа нэужь, Хьисэ и макъым зригъэӀэтащ. – Лазар, мыбы къыщӀэкӀыж!


Адэ лъапӀэм лӀахэр къызэригъэтэджыжым икӀи къызэригъэпсэужым хуэдэу, абы и Къуэми езыр зыхуей цӀыхухэр къегъэпсэуж.


Иаир и унэм щынэсым, Петр, Иуан, Екъуб сымэрэ хъыджэбзым и адэ-анэмрэ фӀэкӀа Хьисэ унэм здыщӀишакъым.


Ауэ Хьисэ щӀалэм и Ӏэр иубыдащ, и лъэр къыщӀэувэжри, щӀалэр къэтэджыжащ.


Хьисэ нэфым и Ӏэр иубыдри, жылэм дишащ. Нэфым и нэхэм щӀэубжьытхэщ, и Ӏэхэр трилъхьэри, абы еупщӀащ Хьисэ: – Зыгуэр плъагъурэ?


Хьисэ абы деж кӀуэщ, и Ӏэр иубыдри къигъэтӀысащ. Плъыржьэрыр щхьэщыкӀщ, къызэфӀэувэжри, абы хьэщӀагъэ къарихащ.


ЦӀыхухэр щӀигъэкӀа нэужь, хъыджэбз цӀыкӀум деж щӀыхьэри, Хьисэ абы и Ӏэр иубыдащ. Щиубыдым, хъыджэбз цӀыкӀур къызэфӀэуващ.


Тхьэм Ибрэхьим къыжриӀауэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Лъэпкъ куэдым адэ уахуэхъуну узгъэуващ». Тхьэм дежкӀэ Ибрэхьим дэ псоми ди адэщ. Тхьэращ Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ зыхуиӀар – Тхьэуэ лӀахэр къэзыгъэхъужым, и лъэкӀыныгъэкӀи щымыӀэ Ӏуэхухэр къэзыгъэхъум.


Ауэ абыхэм ар зэрылӀар ящӀэрти, Хьисэ къыщыдыхьэшхащ.


И псэр къыхыхьэжри, хъыджэбз цӀыкӀур асыхьэтым къызэфӀэуващ. Ар ягъэшхэну яжриӀащ Хьисэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ