Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 8:35 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

35 Къэхъуар зрагъэлъагъуну, цӀыхухэр дэкӀащ. Ахэр Хьисэ деж къыщыкӀуэм, жин бзаджэхэр зыхэкӀыжа лӀыр хуэпауэ, и акъыл къихьэжауэ, Хьисэ и лъапэм деж щысу ирихьэлӀащ. Ар щалъагъум, хуабжьу къэшынащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

35 Къэхъуам еплъыну цӀыхухэр къыдэкӀщ, Хьисэ деж къакӀуэри, жин бзаджэр къызыхэкӀыжа цӀыхур хуэпарэ и акъылыр зэтеувэжауэ, Хьисэ и лъакъуэм пэгъунэгъуу щысу кърихьэлӀащ икӀи хуабжьу шынахэщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 8:35
13 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Мэрием и цӀэу шыпхъу иӀэт а цыхубзым. Ар Зиусхьэным и псалъэхэм едаӀуэу, абы и лъапэм тест.


Гуэныхь зыщӀэр шейтӀаным и бынщ, щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ шейтӀаным гуэныхь ещӀэри. Тхьэм и Къуэр мы дунейм къыщӀэкӀуар шейтӀаным и Ӏуэхухэр игъэкӀуэдыну арщ.


Сэ сыжуртщ, Киликие хэкум щыщ Тарс къалэм сыкъыщалъхуащ. Мы Ерусалим къалэм сыщапӀащ. Гамалиил и лъакъуэхэм деж сыщысу, ди адэжьхэм я Торэт хабзэр сыхуэсакъыпэурэ зэзгъэщӀащ. Тхьэм фэ псори нобэ фызэрыхуэлажьэм хуэдабзэу, сэри гурэ псэкӀэ Тхьэм сыхуолажьэ.


Сэ Тхьэм и унэшхуэм къыщытӀэпӀ зейтун жыгым сыхуэдэщ. Тхьэм и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр игъащӀэкӀэ си гугъапӀэщ сэ,


Кхъуафэжьейм къикӀыу, Хьисэ псы Ӏуфэм щытехьэм, къалэм щыщу, жин бзаджэхэм яӀыгъ лӀы гуэр къыпежьащ. А лӀым куэд щӀауэ щыгъын щыгъыжтэкъым, унэм щыпсэужтэкъым, атӀэ кхъэлэгъунэхэм хэст.


– ЩӀалэм и тхьэмыщкӀагъэр къыщыгурыӀуэжым, и щхьэ хужиӀащ: «Си адэм и лӀыщӀэхэр сыт хуэдиз хъуми, абыхэм яшхын яхурикъуни къелыжыни яӀэщ, ауэ сэ мэжалӀэм сиукӀыу, мыбы сыщыӀэщ.


Махуищ дэкӀа нэужь, Тхьэм и унэшхуэм щӀэсрэ дин егъэджакӀуэхэм яхэсу, абыхэм жаӀэм едаӀуэу икӀи еупщӀу къагъуэтыжащ щӀалэр.


Ахэр Хьисэ деж къыщыкӀуэм, жин бзаджэхэр зыхэкӀыжа лӀыр хуэпауэ, и акъыл къихьэжауэ абдежым щысу ялъэгъуащ. Ар щалъагъум, къэшынащ.


Арати, Хьисэ теухуа хъыбарыр Сирие хэку псом щызэлъащӀысащ. Узыфэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къызэфыкӀ сымаджэ псори цӀыхухэм къыхуашэрт абы; жин бзаджэм иӀыгъхэри, къэмэххэри, пкъыуэ хъуахэри игъэхъужырт.


Кхъуахъуэхэр щӀэпхъуэжри, къэхъуар къалэми жылэхэми щаӀуэтэжащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ