Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 8:30 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

30 – Уи цӀэр сыт? – еупщӀащ а лӀым Хьисэ. – Си цӀэр дзэщ, – жиӀащ абы. Ар щӀыжиӀар жин бзаджэ куэд хыхьауэ хэсти, аращ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

30 – Уи цӀэр сыт? – еупщӀащ абы Хьисэ. – Дзэщ сэ си цӀэр, – къритыжащ абы жэуап. А лӀым жин бзаджэ куэд и пкъым хыхьауэ хэсти, арат абы апхуэдэу щӀыжиӀэр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 8:30
7 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хьэмэрэ си Адэм семылъэӀуфын уи гугъэ? СелъэӀумэ, мелыӀыч дзэ пщыкӀутӀым нэхърэ нэхъыбэ къысхуигъэкӀуэнущ асыхьэту.


Жин бзаджэхэр яхихужауэ икӀи я узыр ящхьэщихауэ цӀыхубз гуэрхэри и гъусэт: Магдалэ жылэм щыщ Мэриему Хьисэ жин бзаджибл зыхихужыгъар,


Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм, жьыуэ, Хьисэ лӀахэм къащыхэтэджыкӀыжым, Магдалэ жылэм щыщ Мэрием япэу зыкъригъэлъэгъуащ. А Мэриемырат Хьисэ жин бзаджибл зыхихужыгъар.


– Тхьэм и Къуэ, сыт уи Ӏуэхуу къытхэлъыр? ПӀалъэр къэмыс щӀыкӀэ, гугъу дебгъэхьыну укъэкӀуа? – жаӀэурэ къэгуоуащ ахэр.


Уи цӀэр сыт? – еупщӀащ Хьисэ а лӀым. – Си цӀэр дзэщ, – жэуап итыжащ абы, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ куэд дохъу.


Арати, Хьисэ теухуа хъыбарыр Сирие хэку псом щызэлъащӀысащ. Узыфэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къызэфыкӀ сымаджэ псори цӀыхухэм къыхуашэрт абы; жин бзаджэм иӀыгъхэри, къэмэххэри, пкъыуэ хъуахэри игъэхъужырт.


Ар щӀыжиӀар а лӀыр зыӀыгъ жин бзаджэр хэкӀыжыну Хьисэ унафэ хуищӀати, аращ. Жин бзаджэхэм куэдрэ гугъу ирагъэхьат ар. ЦӀыхухэм а лӀым гъущӀ Ӏэхъулъэхъу иралъхьэри, яхъумэу яӀыгъат. АрщхьэкӀэ абы Ӏэхъулъэхъур зэпиудри, а лӀыр губгъуэ нэщӀым ирихуат жин бзаджэм.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ