Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 8:29 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

29 Ар щӀыжиӀар а лӀыр зыӀыгъ жин бзаджэр хэкӀыжыну Хьисэ унафэ хуищӀати, аращ. Жин бзаджэхэм куэдрэ гугъу ирагъэхьат ар. ЦӀыхухэм а лӀым гъущӀ Ӏэхъулъэхъу иралъхьэри, яхъумэу яӀыгъат. АрщхьэкӀэ абы Ӏэхъулъэхъур зэпиудри, а лӀыр губгъуэ нэщӀым ирихуат жин бзаджэм.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

29 Абы апхуэдэу щӀыжиӀар Хьисэ абы хэс жин бзаджэр къыхэкӀыжыну унафэ хуищӀати, аращ. Жин бзаджэр а цӀыхум куэдрэ къыхыхьэурэ, гугъу иригъэхьырт. ГъущӀ кӀапсэкӀэ епхауэ яхъумэрт ар, арщхьэкӀэ кӀапсэр къызэпиудырти, жин бзаджэм ар къумым ихурт.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 8:29
9 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ЩӀалэр къыщыхуашэм, жин бзаджэм щӀым зыхригъадзэри, ар къигъэкӀэзызащ. Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ жин бзаджэм егийщ, щӀалэр игъэхъужри, и адэм иритыжащ.


ЩӀалэр жин бзаджэм зэщӀеубыдэри, асыхьэтым къыхегъэкӀиикӀ. ЩӀалэм и жьэм тхъурымбэр къыжьэдэхуу, ар жин бзаджэм къегъэкӀэзыз, гугъу дыдэ иримыгъэхьауэ хэкӀыжыркъым.


А лӀым апхуэдэу щӀыжиӀар Хьисэ ар зыӀыгъ жин бзаджэм «Уэ, жин бзаджэ, мы лӀым хэкӀыж!» жриӀати, аращ.


Хьисэ щилъагъум, и лъабжьэм зыщӀидзэри, макъышхуэкӀэ къэгуоурэ жиӀащ абы: – Хьисэ, Тхьэуэ Лъагэм и Къуэ, уи Ӏуэхуу сыт къысхэлъыр? СынолъэӀу, гугъу сумыгъэхь!


– Уи цӀэр сыт? – еупщӀащ а лӀым Хьисэ. – Си цӀэр дзэщ, – жиӀащ абы. Ар щӀыжиӀар жин бзаджэ куэд хыхьауэ хэсти, аращ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ