Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 8:24 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

24 Апхуэдэу щыхъум, ахэр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, къагъэушри, жаӀащ: – Гъуазэ, гъуазэ, докӀуэд. Хьисэ къызэфӀэувэщ, борэнышхуэми толъкъунхэми егийри, зэтригъэувыӀащ, щыми хъужащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

24 Апхуэдэу щыхъум, Абы и гъэсэнхэр къыбгъэдыхьэщ, къагъэушри, къыжраӀащ: – УщиякӀуэ, ущиякӀуэ, детхьэлэ! Хьисэ къэтэджри, борэнри толъкъунхэри игъэсабырыжащ, дунейри щым хъужащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 8:24
19 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хьисэ сымаджэм щхьэщыувэщ, плъыржьэрым егийри, хихуащ. ЗанщӀэу къызэфӀэувэри, абыхэм хьэщӀагъэ къарихащ цӀыхубзым.


Гъуазэ, дэ жэщ псом гугъу дехьу дылэжьащ, зыри къэдубыдыфакъым, – жиӀащ Симон, – ауэ уэ зэрыжыпӀэм тету хъыхэр хэздзэнщ.


ЛъэкӀыныгъэ ину иӀэмкӀэ Абы тетыгъуэр иӀыгъщ игъащӀэкӀэ; Абы и нэм хамэ лъэпкъхэр елъагъу, Ар кърамыдзэу зызыгъэкъайгъэхэм зыкъремыӀэт.


Ауэ жьышхуэр къыщыкъуэум, гузавэри, къэшынащ. Псым щӀилъафэ щыхъум, къэгуоуащ: – Зиусхьэн, сыкъегъэл.


Апхуэдэу щыхъум, ахэр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, къагъэушри, жраӀащ: – Зиусхьэн, докӀуэд, дыкъегъэл.


Хьисэ къэтэджщ, борэнышхуэм егийри, псыми жриӀащ: – Сабырыж, увыӀэ! Жьыр увыӀэжри, дунейр щым дыдэ хъужащ.


– Щыгъэти, мы лӀым къыхэкӀыж! – жиӀащ Хьисэ, жин бзаджэм егийри. ЦӀыху псоми я пащхьэм лӀыр щриудри, зыри иримыщӀэу, жин бзаджэр абы хэкӀыжащ.


Абыхэм яжриӀащ итӀанэ: – Фи фӀэщхъуныгъэр дэнэ щыӀэ? – Хэт мыр? Жьыми псыми унафэ яхуещӀри, егъэдаӀуэ, – шынэрэ ягъэщӀагъуэу зэупщӀэжащ ахэр.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ