Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 8:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Жин бзаджэхэр яхихужауэ икӀи я узыр ящхьэщихауэ цӀыхубз гуэрхэри и гъусэт: Магдалэ жылэм щыщ Мэриему Хьисэ жин бзаджибл зыхихужыгъар,

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

2 Абыхэм нэмыщӀ, жин бзаджэ къызыхихужа икӀи игъэхъужа бзылъхугъэ зыбжани щӀыгъут Хьисэ. Абыхэм я цӀэр мыращ: Хьисэ жин бзаджибл къызыхихужа Мэрям, Магдалэ къуажэм щыщыр,

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 8:2
11 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм, жьыуэ, Хьисэ лӀахэм къащыхэтэджыкӀыжым, Магдалэ жылэм щыщ Мэрием япэу зыкъригъэлъэгъуащ. А Мэриемырат Хьисэ жин бзаджибл зыхихужыгъар.


Хьисэ и анэри, и анэм и шыпхъури, Клеопэ зи цӀэм и щхьэгъусэ Мэриемри, Магдалэ жылэм щыщ Мэриеми Хьисэ и жорым бгъэдэтт.


А псори зэгурыӀуауэ, Тхьэм зэпымыууэ елъэӀурт, цӀыхубз гуэрхэри, Хьисэ и анэ Мэриеми, Хьисэ и къуэшхэри я гъусэу.


Хьисэ и гъусэу Галилейм къикӀыгъа цӀыхубзхэм, Исуф щӀыгуу кӀуэри, кхъэлэгъунэри хьэдэр абы зэрыщӀилъхьэжари ялъэгъуащ.


Хьисэ и ныбжьэгъу псори, езым и гъусэу Галилейм къикӀа цӀыхубзхэри абыхэм яхэту, жыжьэу къыщыту къэхъуам еплъырт.


ЦӀыху гупышхуэ Хьисэ кӀэлъыкӀуэрт. Я бгъэгум еуэжурэ, Хьисэ зыгъей цӀыхубзхэри яхэтт.


– Уи цӀэр сыт? – еупщӀащ а лӀым Хьисэ. – Си цӀэр дзэщ, – жиӀащ абы. Ар щӀыжиӀар жин бзаджэ куэд хыхьауэ хэсти, аращ.


Щэбэтыр блэкӀауэ, Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Саломие, Екъуб и анэ Мэрием сымэ мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэ лъапӀэхэр къащэхуащ, кхъэлэгъунэм кӀуэуэ, Хьисэ и хьэдэм щахуэн щхьэкӀэ.


Арати, Хьисэ теухуа хъыбарыр Сирие хэку псом щызэлъащӀысащ. Узыфэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къызэфыкӀ сымаджэ псори цӀыхухэм къыхуашэрт абы; жин бзаджэм иӀыгъхэри, къэмэххэри, пкъыуэ хъуахэри игъэхъужырт.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ