Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 8:15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

15 НэгъуэщӀ цӀыху гупыр щӀыгулъ фӀыцӀэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ фӀыгъуэрэ щыпкъагъэрэ зи гум илъу, Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу зыубыдыр. Теубыдэныгъэ яӀэщ икӀи фӀыгъуэ къапокӀ абыхэм. Ар жиӀа нэужь, макъышхуэкӀэ щӀигъужащ Хьисэ: – ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

15 ЩӀыфӀым хэхуа жылэр Тхьэм и псалъэр гу хьэлэлым, гу пцӀанэм щызыхъумэу икӀи къэмыдзыхэу гъавэ бэв къезыхьэлӀэж цӀыхухэрщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 8:15
40 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Теубыдагъэ фиӀэн хуейщ, Тхьэр зыхуейр вгъэзэщӀэн икӀи фызэригъэгугъа ӀыхьэфӀыр вгъуэтын щхьэкӀэ.


ЦӀыхуфӀым игу илъ фӀыгъуэм фӀыгъуэр къыдокӀуэ, цӀыху бзаджэми игу илъ бзаджагъэм бзаджагъэр къыдокӀуэ; жьэм къыжьэдэкӀыр гум илъырщи.


Тхьэр зэрытщӀэр пэжу къэзыгъэнаӀуэр абы и унафэхэр зэрыдгъэзащӀэр арщ.


Абы щыгъуэ Зиусхьэным и гум сыт и лъэныкъуэкӀи фрихьурэ, езым фыхуэфащэу фыпсэунущ. Фэ влэжь ӀуэхуфӀ псоми фӀыгъуэ къыдэкӀуэнущ, Тхьэри кӀуэ пэтми нэхъ фщӀэнущ.


Дуней псоми хъыбарыфӀым фӀыгъуэ къыхудокӀуэ, цӀыху нахъыбэм я дежи нэс зэпытщ. Апхуэдэу фи дежи щыхъуащ, хъыбарыфӀыр зэхэфхыу, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр пэжу къыщывгурыӀуа махуэм къыщыщӀэдзауэ.


– Фэ сэ фӀыуэ сыфлъагъумэ, си унафэхэр вгъэзэщӀэнущ.


– Пэжщ, – жиӀащ Хьисэ, – ауэ Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу ахэр зыгъэзащӀэхэр абы нэхърэ нэхъ махуэщ.


Апхуэдэу щыпкъагъэм фӀыгъуэу къыпэкӀуэр Хьисэ Мэссихь фи гум быдэу кърилъхьэнущ, цӀыхухэм Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀын икӀи ар ягъэлъэпӀэн щхьэкӀэ.


Апхуэдэу, си къуэшхэ, Мэссихь и пкъыр зэрылӀам къыхэкӀкӀэ, Торэт хабзэм и Ӏуэху къыфхэмылъыжу, а хабзэм дежкӀэ фэри цӀыху лӀахэм фахуэдэщ. Мэссихьу Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжам ей иджы фыхъуащи, Тхьэм фӀыгъуэ хуэдлэжьыпхъэщ.


Ауэ иджы Тхьэм гуэныхь щӀэным фыкъыӀэщӀихыжри, щхьэхуит фищӀыжащ, Тхьэм и пщылӀи фыхъуащ. Абы фӀыуэ къыхэкӀыр гукъабзагъэм и гъуэгум фызэрырикӀуэр арщ, къыфлъысыну ӀыхьэфӀри мыкӀуэдыжын гъащӀэр арщ.


Фэ си унафэхэр щывгъэзащӀэкӀэ, сэ фэри сыт щыгъуи фӀыуэ фыслъагъунущ, си Адэм и унафэхэр зэрызгъэзэщӀам щхьэкӀэ, абы сыт щыгъуи фӀыуэ сызэрилъагъум хуэдэу.


Ауэ икӀэм нэсыху теубыдэныгъэ зиӀэр Тхьэм мыкӀуэду къригъэлынущ.


Апхуэдэу зэрыщытым къыхэкӀкӀэ, Тхьэм и гъуэгум дытемыкӀын щхьэкӀэ, зэхэтха псалъэхэм куэду ди нэӀэ ятедгъэтын хуейщ.


Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ фыкъригъэлащ фымыкӀуэду, фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ. Ар къызпкърыкӀар фэракъым, ар Тхьэм и тыгъэщ.


Сунэт дащӀами дамыщӀами, аракъым Ӏуэхур здэщыӀэр. Ӏуэхур здэщыӀэр Тхьэм и унафэхэр дгъэзэщӀэныр арщ.


Си гуэныхьыщӀэ щэныжьым сеплъмэ, си гум фӀыгъуэ зэримылъыр сощӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀы сщӀэну сыхуейми, згъэзэщӀэну схузэфӀэкӀыркъым.


ФӀы щӀэным хэт зэпыту щӀыхьышхуэм, лъытэныгъэшхуэм, мылӀэныгъэм я ужь итхэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яритынущ.


Теубыдагъэм и Ӏуэхур и кӀэм нэвгъэс, сыт и лъэныкъуэкӀи фи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса фыхъун щхьэкӀэ.


Сэ Тхьэм и унэшхуэм къыщытӀэпӀ зейтун жыгым сыхуэдэщ. Тхьэм и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр игъащӀэкӀэ си гугъапӀэщ сэ,


НэгъуэщӀ цӀыху гупыр банэхэм яхэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыххэр, ауэ мы дунейм щызекӀуэ гугъуехьхэмкӀи, беягъэмкӀи, гъащӀэм и тхъэгъуэхэмкӀи хуэм-хуэмурэ зрагъэтхьэлэ. Абыхэми фӀыгъуэ къапыкӀыркъым.


– Уэздыгъэ пигъанэу, пэгун щӀагъым е гъуэлъыпӀэ щӀагъым щӀигъэувэркъым зыми, атӀэ унэм къыщӀыхьэхэм уэздыгъэ нэхур ялъагъун щхьэкӀэ, ар тегъэувапӀэ лъагэм трегъэувэ.


Ауэ дэ ди нэкӀэ дымылъагъум дыщогугъри, шыӀэныгъэ диӀэу дыпоплъэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ