Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 8:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Абы и ужькӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуиӀуатэурэ, Хьисэ къалэхэри жылэхэри къызэхикӀухьащ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр и гъусэу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

1 Тэлай дэкӀри, Тхьэм и Тепщэныгъэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуиӀуатэурэ, Хьисэ къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къызэхикӀухьын щӀидзащ, и гъэсэн пщыкӀутӀри и гъусэу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 8:1
18 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Галилей хэкур зэрыщыту къызэхикӀухьурэ, Хьисэ Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм синэгуэгухэм щаригъащӀэрт, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым ахэр щригъэдаӀуэрт, дэтхэнэ сымаджагъэрэ узрэ зиӀэри игъэхъужырт.


Тхьэм цӀыхухэм къалэн ящимыщӀмэ, абыхэм Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр дауэ зэрыхуаӀуэтэнур? Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «ХъыбарыфӀыр зыӀуатэ цӀыхухэм я лъакъуэхэр сыту дахащэ!»


– Мы хъыбарыфӀыр дэ нывжыдоӀэ иджы: Тхьэм Хьисэ лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжамкӀэ ди адэжьхэр къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр къигъэщыпкъэжурэ, дэ, абыхэм къатехъукӀа цӀыхухэм, тхуигъэзэщӀащ.


Назарет щыщ Хьисэ и хъыбарыр фощӀэ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къаруушхуэмрэ абы къыхуригъэхащ. Тхьэр абы и гъусэу зэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху щхьэпэ ищӀэурэ, шейтӀаным и къарукӀэ хигъэзыхьа цӀыху псори игъэхъужу щытащ.


«Зиусхьэным и Псэ ЛъапӀэр сигу илъ хъуащ; Тхьэм дагъэ лъапӀэр къысщихуащи. КъыщӀысщихуар тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр яхуэсӀуэтэн папщӀэкӀэщ. Зи гур кӀуэдахэм ягу къызэфӀэзгъэувэжыну, щхьэхуит зэрыхъужынум и хъыбар лъэхъуэщым щӀэсхэм езгъэщӀэну, нэфхэр къэзгъэплъэжынуи, гугъуехь зытелъхэр щхьэхуит сщӀыжынуи Тхьэм сыкъигъэкӀуащ.


Галилей хэку псори къызэхикӀухьурэ, я синэгуэгухэм цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щригъэдаӀуэрт Хьисэ, жин бзаджэхэри цӀыхухэм яхихурт.


Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и хъыбарыр зыгуэрым зэхихрэ, ар къыгурымыӀуэмэ, шейтӀаныр къокӀуэри, а цӀыхум игу илъ жылэфӀыр ирехыж. Мыр гъуэгум телъэлъа жылэм хуэдэщ.


Хьисэ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым унафэ яхуищӀа нэужь, а щӀыпӀэм икӀри, журтхэм я къалэхэм цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щаригъэщӀэну, абыхэм щригъэдэӀуэну кӀуащ.


Хьисэ къалэ псори, жылэ псори къызэхикӀухьырт. Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм щаригъащӀэрт синэгуэгухэм, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым щӀигъэдаӀуэрт, уз зыпкърыт дэтхэнэ цӀыхури дэтхэнэ цӀыху гукъыдэмыжри игъэхъужырт.


Сабийр къэхъури, игукӀи и псэкӀи зиужьащ. Израил цӀыхухэм я пащхьэм къыщихьэну махуэм нэсыху, губгъуэ нэщӀым исащ ар.


Арати, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр ежьэри, жылагъуэхэр къызэхакӀухьурэ, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм хуаӀуатэу, сымаджэхэр дэнэкӀи щагъэхъужу щӀадзащ.


Махуэ гуэрым, Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэурэ, Хьисэ хъыбарыфӀыр яхуиӀуатэрт цӀыхухэм. Апхуэдэу щыхъум, дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ, нэхъыжьхэр я гъусэу, къыбгъэдыхьэри къеупщӀащ:


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ