Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 7:44 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

44 ЦӀыхубзым дежкӀэ зигъазэри, Хьисэ Симон жриӀащ итӀанэ: – Мы цӀыхубзыр плъагъурэ? Уи унэм сыкъыщыщӀыхьэм, си лъакъуэхэр иристхьэщӀыну уэ псы къызэптакъым, ауэ мы цӀыхубзым и нэпсхэмкӀэ си лъакъуэхэр псыф ищӀри, и щхьэцымкӀэ илъэщӀыжащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

44 Ар цӀыхубзым хуеплъэкӀри, Симэн жриӀащ итӀанэ: – Мы цӀыхубзыр плъагъурэ? Сэ уи унэ сыкъихьа пэтрэ си лъакъуэр зэрыстхьэщӀын псы къызэптакъым, ауэ мыбы и нэпсымкӀэ си лъакъуэр схуитхьэщӀри, и щхьэцымкӀэ схуилъэщӀыжащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 7:44
11 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

зи фӀыщӀагъэхэмкӀэ цӀыхухэр щыхьэт зыхуэхъу фызабэрщ: псалъэм щхьэкӀэ, бын зыпӀауэ, хьэщӀэхэр зыгъэлъэпӀауэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я лъакъуэхэр яхуэзытхьэщӀауэ, гузэвэгъуэ хэтхэм ядэӀэпыкъуауэ, фӀы щӀэным хэта фызабэрщ.


Исуф и унэм а цӀыхухэр щӀишэри, яхуихьащ псы, абыхэм ятхьэщӀащ я лъакъуэхэр; яритащ абыхэм я шыдхэми Ӏус.


– Си зиусхьэнхэ! – жиӀащ абы, – фи унэӀутым и унэм фыныщӀыхьи, нэху фыкъыщекӀ, фтхьэщӀ фи лъакъуэхэр, нэху щымэ, фыкъэтэджынщи, фытехьэжынщ фи гъуэгум. – Хьэуэ, дэ жэщыр уэрамым щитхынщ, – жаӀащ абыхэм.


Къахьынщ псы тӀэкӀуи, фтхьэщӀ фи лъакъуэхэр; зыщывгъэпсэху итӀанэ мы жыг щӀагъым.


Ауэ фэ тхьэмыщкӀэхэр зэфпэсакъым. Къулейхэракъэ фыдэзыкъузэр икӀи хеящӀэхэм я пащхьэм физышэр?


Хьисэ и щӀыбагъкӀэ къыщыбгъэдыхьэри, апхуэдизкӀэ хуабжьу гъати, и нэпсхэмкӀэ Хьисэ и лъакъуэхэр псыф ищӀащ. Абы и щхьэцымкӀэ Хьисэ и лъакъуэхэр илъэщӀыжащ, и лъакъуэхэм ба яхуищӀащ, дагъэ лъапӀэм щыщи щихуащ.


– СызэригугъэмкӀэ, нэхъыбэ зыхуигъэгъуаращ, – жиӀащ Симон. – КъэпщӀащ, – жиӀащ Хьисэ.


Тасым псы иригъахъуэщ, и гъуэгу ирикӀуэхэм я лъакъуэхэр яхуитхьэщӀри, и бгым иришэкӀа напэӀэлъэщӀымкӀэ яхуилъэщӀыжу щӀидзащ итӀанэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ