Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 7:42 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

42 – Ауэ щӀыхуэр япшыныжын щалъэмыкӀым, тӀуми яхуигъэгъуащ. АтӀэ къызжеӀэ, а тӀум ящыщу дэтхэнэра щӀыхуэ зыт лӀыр нэхъыфӀу зылъагъунур?

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

42 Ауэ щӀыхуэр щахуэмыпшыныжым, тӀуми яхуигъэгъуащ. АтӀэ къызжеӀэт, а тӀум дэтхэнэра щӀыхуэ къезытар нэхъыфӀу зылъагъунур?

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 7:42
23 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Зым зыр ирешыӀэ икӀи зым зым гукъанэ гуэр хуиӀэмэ, зэхуэвгъэгъу. Мэссихь къызэрыфхуигъэгъуам хуэдэу, фэри зэхуэвгъэгъу.


Зыр зым фӀыуэ хущрет, гущӀэгъу зэхуэфщӀ икӀи зым адрейм хуэвгъэгъу, Мэссихь и хьэтыркӀэ Тхьэм фэ къызэрыфхуигъэгъуам хуэдэу.


Мэссихь и лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ ди щхьэхэр ищэхужащ, ди гуэныхьхэри къытхуигъэгъуащ, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэшхуэм тету.


Торэт хабзэм итхэр ягъэзащӀэмэ, Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнум щыгугъ цӀыху псоми Тхьэм и ней къащыхуащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Торэт хабзэм и тхылъым ит псори сыт щыгъуи зымыгъэзащӀэм Тхьэм и ней къыщохуэ».


Тхьэм игъэува зэманым, дэ дэӀэпыкъуэгъу дыщызэхуэмыхъужыфым, дэ, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъ цӀыхухэм, щхьэкӀэ Мэссихь лӀащ.


Мэссихь Хьисэ абыхэм я щхьэхэр зэрищэхужам щхьэкӀэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ пщӀэ ямыту щыпкъагъэ яӀэу елъытэ.


Пащтыхьыр икъукӀэ къэгубжьри, и щӀыхуэу телъ псори къритыжыху яӀыгъыну, а унэӀутыр лъэхъуэщ хъумакӀуэхэм яритащ.


псы щӀыӀум уи псэупӀэ щыбогъэув, пшэхэр уи хьэрыгъажэщ, жьыбгъэ дамэхэмкӀэ къыбокӀухь Уэ.


Мыхъуну тщӀар къытхуэгъэгъу, мыхъун къыдэзыщӀахэм дэ зэрахуэдгъэгъум хуэдэу.


Пащтыхьым а унэӀутым гущӀэгъу хуищӀщ, щӀыхуэр хуигъэгъури, иутӀыпщыжащ.


– СызэригугъэмкӀэ, нэхъыбэ зыхуигъэгъуаращ, – жиӀащ Симон. – КъэпщӀащ, – жиӀащ Хьисэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ