Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 7:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 Хьисэ деж къакӀуэри, хуабжьу къелъэӀуащ ахэр: – Уэ ар абы хуэпщӀэну хуэфащэщ,

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

4 Арати, ахэр Хьисэ деж къакӀуэри, хуабжьу къелъэӀуурэ мыпхуэдэу къыжраӀащ: – Ар хуэпщӀэну хуэфащэщ абы,

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 7:4
9 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ауэ зи щыгъынхэр зымыуфӀея цӀыху гуэрхэр Сардис къалэм щыфщӀыгъущ. Щыгъын хужьхэр ящыгъыу къыздэкӀуэнущ ахэр, абыхэм апхуэдэ щӀыхь яхуэфащэщи.


Унэм щӀэсхэр а фӀэхъус псалъэм хуэфащэмэ, Тхьэм гузэгъэгъуэ къаритынущ, ауэ хуэмыфащэу къыщӀэкӀмэ, гузэгъэгъуэм фи деж кърырегъэзэж.


– Ауэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжу, ахърэтым щыпсэуну зыхуэфащэхэм фыз къашэжынукъым, лӀыи дэкӀуэжынукъым.


– Къалэ ирехъу, жылэ ирехъу, дэнэ фыдыхьэми, фэ фхуэфащэ гуэрым фыщӀэупщӀэ. А щӀыпӀэм фыкъикӀыжыху, апхуэдэ гуэрым деж фыщыӀэ.


Дзэ пашэм, Хьисэ и хъыбарыр щызэхихым, ар къакӀуэу и унэӀутыр игъэхъужыну журтхэм я нэхъыжьхэм ящыщ гуэрхэр лъэӀуакӀуэ игъэкӀуащ.


абы ди лъэпкъыр фӀыуэ елъагъу, ди синэгуэгури тхуиухуащи.


Езыми и унагъуэ псоми Тхьэр ягъэлъапӀэрт, Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр я гум илът. Журтхэм я тхьэмыщкӀэхэм псапэ тыхь куэд яритырт, Тхьэм елъэӀу зэпытт.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ