Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 7:34 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

34 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэкӀуащ. Ар машхэ икӀи йофэ. «Ешхэн-ефэныр зи щӀасэу, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ я ныбжьэгъущ», жывоӀэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

34 ЦӀыхум и Къуэр къыфхуэкӀуащи, йофэ икӀи йошхэ, ауэ Абы щхьэкӀи «мис ныбаблэр, ефэрейр, тезыр ахъшэ къыхэзыххэмрэ гуэныхьлыхэмрэ я ныбжьэгъур» жывоӀэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 7:34
13 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ауэ фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ я мыгуапэу жаӀащ: – Мы лӀым гуэныхь зыщӀэхэр зригъэгъусэщ икӀи абыхэм ядошхэ.


Хьисэ пщыхьэщхьэшхэ къыхуагъэхьэзыращ, Марфэ бысымгуащэу къащхьэщытт. Хьисэ и гъусэу Ӏэнэм пэрысхэм Лазар яхэст.


Ар щалъагъум, цӀыхухэм мыарызыуэ жаӀащ: – Гуэныхь зыщӀэ цӀыхум и унэ хьэщӀэу ихьащ.


Фарисей пашэхэм ящыщ гуэрым и унэм щышхэну щэбэт махуэ гуэрым Хьисэ щригъэблэгъам, цӀыхухэр Хьисэ кӀэлъыплъырт.


Фарисейхэм ящыщ гуэрым Хьисэ игъэшхэну иригъэблэгъащ. Фарисейм и унэм щӀыхьэри, Хьисэ Ӏэнэм пэрытӀысхьащ.


Левий и унэм гухэхъуэ Ӏэнэ Хьисэ щыхутригъэуващ итӀанэ. Хьэкътын ахъшэр хэзыххэри нэгъуэщӀ хьэщӀэ куэди Ӏэнэм пэрыст.


Фарисейхэм ар щалъагъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм еупщӀащ: – Фэ фи дин егъэджакӀуэр хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ сыт щӀадешхэр?


Хьиси абы и гъуэгу ирикӀуэхэри а хьэгъуэлӀыгъуэм ирагъэблэгъауэ щытащ.


А псалъэхэр жиӀа нэужь, Хьисэ фарисей гуэрым игъэшхэну и унэ иригъэблэгъащ. Абы и унэм щӀыхьэри, Хьисэ Ӏэнэм пэрытӀысхьащ.


ФӀыуэ фыкъэзылъагъухэм фӀэкӀа фӀыуэ фымылъагъужмэ, сыт хуэдэ ӀыхьэфӀ фызыщыгугъыр? Хьэкътын ахъшэр хэзыххэм ар дыдэр ящӀэркъэ?


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэкӀуащ. Ар машхэ икӀи йофэ. «Ешхэн-ефэныр зи щӀасэу, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ я ныбжьэгъущ», хужаӀэ абы. АрщхьэкӀэ Тхьэм и акъылыфӀагъэм къыхэкӀа къэхъукъащӀэхэм а акъылыфӀагъэр ягъэщыпкъэ.


– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ умэхъакӀуэ Иуан къэкӀуащ. Абы щӀакхъуэ ишхыркъым, фади ефэркъым. «Ар жин бзаджэм иӀыгъщ», жывоӀэ.


Тхьэм и акъылыфӀагъэр зыщта цӀыху псоми а акъылыфӀагъэр ягъэщыпкъэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ