Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 7:33 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

33 – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ умэхъакӀуэ Иуан къэкӀуащ. Абы щӀакхъуэ ишхыркъым, фади ефэркъым. «Ар жин бзаджэм иӀыгъщ», жывоӀэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

33 Ар щӀыжысӀэращ, умэхъакӀуэ Яхья къэкӀуащи, санэ ефэркъым, щӀакхъуи ишхыркъым, итӀани «ар жин бзаджэм иӀыгъщ» жывоӀэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 7:33
12 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэуэ Зиусхьэным дежкӀэ ар цӀыхушхуэ хъунущ, санэрэ зыгъэудэфэн фадэрэ ефэнукъым икӀи и анэм и ныбэм щилъам щыщӀэдзауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр и гум куууэ хыхьэнущ.


Иуан махъшэцым къыхэщӀыкӀа щыгъын щыгът, и бгым фэ бгырыпхи щӀэлът, мацӀэрэ губгъуэ форэ ишхырт.


– Ахэр фадэ ӀэфӀ ефэкъуащ! – абыхэм ящӀэнакӀэу жаӀащ языныкъуэхэм.


– Ар жин бзаджэм иӀыгъщ, жиӀэр ищӀэжыркъым. Сыт абы фыщӀедаӀуэр? – жаӀэрт абыхэм ящыщ куэдым.


Хьисэ ар щыжиӀэм, журтхэм къыпадзыжащ: – Жин бзаджэм узэриӀыгъыр къэтщӀащ иджы. Ибрэхьим лӀащ, бегъымбархэри лӀащ, ауэ уэ «Сэ жысӀэхэр зыгъэзащӀэр игъащӀэкӀэ лӀэжынукъым», жыбоӀэ.


– Самарие цӀыхухэм уащыщщ, жин бзаджэм уиӀыгъщ жыдоӀэ. ЖытӀэр пэжкъэ? – къыжраӀащ журтхэм Хьисэ.


Иуан махъшэцым къыхэщӀыкӀа щыгъын щыгът, и бгым фэ бгырыпх щӀэлът, и шхыныгъуэри мацӀэрэ губгъуэ форэт.


ЕджакӀуэр езыгъаджэм хуэдэ хъумэ, ар хурикъунущ, унэӀутри и тепщэм хуэдэ хъумэ, ар хурикъунущ. Унэр зейм ВелзевулкӀэ щеджэкӀэ, унагъуэм исхэми абы нэхъри нэхъ Ӏеиж хужаӀэнкъэ?


А махуэхэм къэкӀуауэ, Иудей хэкум и губгъуэ нэщӀым цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щригъэдаӀуэурэ,


Уэрамым тесу, зыр адрейм еджэурэ, мыпхуэдэу жызыӀэ щӀалэхэм ещхьщ: «Бжьамийхэм дыфхуепща пэтми, фэ фыкъэфакъым; дэ гъыбзэ уэрэд фхужытӀа пэтми, фэ фыгъакъым».


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэкӀуащ. Ар машхэ икӀи йофэ. «Ешхэн-ефэныр зи щӀасэу, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ я ныбжьэгъущ», жывоӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ