Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 7:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Дзэ пашэ гуэрым фӀыуэ илъагъу унэӀут иӀэт. А унэӀутыр лӀэн гъунэгъу хъуауэ сымаджэт.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

2 Римым и дзэзешэ гуэрым фӀыуэ илъагъуу ӀуэхутхьэбзащӀэ иӀэт. Ауэ ар лӀэн гъунэгъу хъуауэ сымаджэт.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 7:2
24 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Мыр жиӀэри: – ЩӀыхьышхуэр ейщ Зиусхьэну Ибрэхьим и Тхьэм, и фӀыгъуэрэ и пэжыгъэрэ си тепщэр хэзымыгъэнам, – жиӀащ абы. – Зиусхьэным гъуэгу занщӀэкӀэ сыкъыхуишащ си тепщэм и Ӏыхьлыхэм я унэм.


УнэӀутхэ, мы дунейм фытетыху, фи тепщэхэм унафэ псомкӀи федаӀуэ. Абыхэм федаӀуэ, жызоӀэ, ауэ «дэ абыхэм гурыхь дащыхъунщ» жыфӀэу, я нэхэмкӀэ къыщывэплъым и мызакъуэу, атӀэ Тхьэм и фӀэлӀыкӀ фи гум зэрилъым щхьэкӀэ сыт щыгъуи фигурэ фи псэкӀэ фахуэлажьэ.


ЗауэлӀхэм я пашэм, къэхъуар щилъагъум, Тхьэм щӀыхь хуищӀри жиӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, мы лӀыр щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу щытащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ илъэс пщыкӀутӀ хуэдиз зи ныбжь ипхъу закъуэр, и псэ пыт къудейуэ, сымаджэу хэлът. Арати, Хьисэ Иаир и унэм щыкӀуэм, цӀыху гупышхуэр къытезэрыгуащ.


Дзэ пашэмрэ абы и гъусэу Хьисэ зыхъумэу щытахэмрэ щӀыр зэрыхъейри, мо къэхъу псори щалъагъум, хуабжьу къэшынауэ жаӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ мыр Тхьэм и Къуэу щытащ.


ЛӀащ Дэборэ, Ребеккэ зыпӀа бзылъхугъэр, щыщӀалъхьэжащ ар Бэтэл нэхъ и щӀагъкӀэ щыт жыгейм и лъабжьэм. Екъуб а жыгейм фӀищащ: хьэдагъэ жыгей.


Ауэ Паул къригъэлыну дзэ пашэр хуейти, зауэлӀхэм я гум илъыр яримыгъащӀэурэ, есыкӀэ зыщӀэхэм псым нэхъапэ зыхадзэу, хы Ӏуфэм есылӀэну унафэ яхуищӀащ.


ЕтӀуанэ махуэм Сидон къалэм дыӀухьащ. Иулий и нэфӀыр Паул щыхуэри, Паул и ныбжьэгъуу а къалэм дэсхэм зыхуэныкъуэр къратын щхьэкӀэ, абыхэм я деж кӀуэну ар хуит ищӀащ.


Дэ Италием кхъухькӀэ дригъэшэну Фест Ӏэтащхьэм щытриубыдэм, Паулрэ лъэхъуэщым щӀэс нэгъуэщӀ гупрэ кесарым и цӀэкӀэ зэджэ лӀы щих хъу дзэ гупым я пашэхэм щыщу ИулийкӀэ зэджэм ӀэщӀилъхьащ.


Апхуэдэу щыхъум, Паул дзэ пашэхэм ящыщ гуэр къриджэри, жриӀащ: – Дзэпщым деж мы щӀалэр шэ. Зыгуэр жриӀэну хуейщ.


Дзэ пашэм ар щызэхихым, дзэпщым деж кӀуэри, хъыбар иригъэщӀащ. – Сыт пщӀэнур? Мы лӀыр рим цӀыхухэм ящыщщ, – жриӀащ.


Ар къыжезыӀа мелыӀычыр бгъэдэкӀыжа нэужь, Корнелий и унэӀутхэм ящыщу цӀыхуитӀрэ и ӀуэхутхьэбзащӀэ зауэлӀхэм ящыщу Тхьэр зыгъэлъапӀэмрэ къриджэщ,


Корнелий зи цӀэ лӀы гуэр дэсащ Кесарие къалэм. Ар Италие къэралым щыщ дзэм хэту, зауэлӀищэ хъу гупым я пашэхэм ящыщащ.


А псалъэ псоми цӀыхухэр иригъэдэӀуа нэужь, Хьисэ Капернаум къалэм дыхьащ.


Дзэ пашэм, Хьисэ и хъыбарыр щызэхихым, ар къакӀуэу и унэӀутыр игъэхъужыну журтхэм я нэхъыжьхэм ящыщ гуэрхэр лъэӀуакӀуэ игъэкӀуащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ