Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 7:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 ЦӀыхухэр зэрыгъэщтэжащ абдежым икӀи Тхьэм щӀыхь хуащӀу жаӀащ: – Бегъымбарышхуэ къытхэкӀащ. Тхьэр и лъэпкъым нэфӀкӀэ къеплъащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

16 Псори хуабжьу шынарэ Тхьэм щӀыхь хуащӀурэ, мыпхуэдэу жаӀэрт: – Бегъымбарышхуэ къытхуэкӀуащ, Тхьэр и лъэпкъым щӀэгъэкъуэн къыхуэхъуащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 7:16
31 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хьисэ къезыгъэблэгъа фарисейм ар щилъагъум, игукӀэ жиӀащ: – Мыр бегъымбару щытатэмэ, мы къеӀуса цӀыхубзыр зыхуэдэр, ар гуэныхьыщӀэ цӀыхубз псэжьу зэрыщытыр къищӀэнт.


ЦӀыху гупышхуэм ар щалъагъум, ягъэщӀэгъуащ. ЦӀыхухэм Хьисэ апхуэдэ тепщэныгъэ къезыта Тхьэм щӀыхь хуащӀащ.


«Зиусхьэну Израил и Тхьэм щӀыхьышхуэр ейщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езым и лъэпкъ Израил нэфӀкӀэ къеплъри, щхьэхуитыныгъэ къритащ.


ЦӀыху псоми я гур щӀэхуауэ Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀащ. Зэрыгъэщтэжауэ жаӀащ абыхэм: – Сыту телъыджэ нобэ дэ тлъэгъуар!


Мэлыхъуэхэм зэхаха икӀи ялъэгъуа псом щхьэкӀэ Тхьэр ягъэлъапӀэу, фӀыщӀэшхуи хуащӀу ягъэзэжащ. А Ӏуэхухэр зэрекӀуэкӀар мелыӀычым абыхэм къазэрыжриӀэгъам тетущ.


Ӏэгъуэблагъэм щыпсэу псори шынагъуэшхуэм хэхуащ икӀи Иудей Ӏуащхьэлъэ хэкум дэнэкӀи мы Ӏуэху псори щызэлъащӀысащ.


– Ар Хьисэщ, Галилей хэкум щыщ Назарет къикӀа бегъымбарырщ, – жаӀэрт цӀыхубэм.


Бзагуэхэр псалъэу, Ӏэшэхэр Ӏэбэфу, лъашэхэр тэмэму зекӀуэу, нэфхэр къэплъэжу щалъагъум, цӀыху гупышхуэм ягъэщӀэгъуащ икӀи Израил и Тхьэм щӀыхь хуащӀащ.


Ди псэр къригъэлащ Абы, псэухэм дыхэтыну, дигъэцӀэнтхъуакъым.


А псалъэхэр щызэхихым, къытехуэри, Ананий и псэр хэкӀащ. Къэхъуар зэхэзыха псори шынагъуэшхуэм зэщӀиубыдащ.


– Уэ уи нэхэращ абы къигъэплъэжар, – аргуэру еупщӀащ нэфу щытам. – А лӀым теухуауэ сыт жыпӀэн? – Ар бегъымбарщ, – жэуап итыжащ а лӀым.


Хьисэ къигъэлъэгъуа нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэр щалъагъум, цӀыхухэм жаӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, дунейм къэкӀуэн хуей бегъымбарыр мыращ.


– Зи щӀыхь ин, уэ узэрыбегъымбарыр къэсщӀащ, – къыжриӀащ цӀыхубзым.


Ахэр Иуан къеупщӀащ: – Мэссихьыр уэрмырамэ, Илясри уэрмырамэ, бегъымбарри уэрмырамэ, сыт цӀыхухэр щӀэбумэхъыр?


– АтӀэ ухэт уэ? – еупщӀащ ахэр. – Уэ у-Иляс бегъымбар? – Хьэуэ, – жиӀащ Иуан. – Бегъымбарыр уэра? – еупщӀащ ахэр. – Хьэуэ, – жиӀащ абы.


– Сыт къыщыхъуауэ жыхуэфӀэ Ӏуэхухэр? – щӀэупщӀащ ар. – Назарет щыщ Хьисэ къыщыщӀарщ зи гугъу тщӀыр, – къыжраӀащ абыхэм. – Тхьэми цӀыху псоми я дежкӀэ ар и псалъэхэмкӀи илэжьа ӀуэхухэмкӀи лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ бегъымбару щытащ.


– Языныкъуэхэм цӀыхухэр зыумэхъ у-Иуану жаӀэ, – жэуап къыратащ абыхэм. – НэгъуэщӀхэми у-Иляс бегъымбару жаӀэ. Адрейхэми пасэрей бегъымбархэм ящыщ къэтэджыжауэ жаӀэ.


Абдеж Гадарэ щыщ цӀыху псори Хьисэ къелъэӀуащ я хэкур ибгынэну, шынагъуэшхуэм зэщӀищтати. Арати, Хьисэ кхъуафэжьейм итӀысхьэжащ ежьэжыну.


Ар щилъагъум, Хьисэ и лъабжьэм зыщӀидзэри, Симон Петр жиӀащ: – ЗбгъэдэкӀ, Зиусхьэн, сэ сыцӀыху гуэныхьщӀакӀуэщ.


Арати, цӀыхубзхэр кхъэлэгъунэм бгъэдэкӀыжри, шына-гъуэмрэ гуфӀэгъуэшхуэмрэ зэщӀащтауэ, хъыбарыр хуаӀуэтэжыну, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я деж щӀэпхъуащ.


А Мусэращ израил цӀыхухэм яжезыӀар: «Фэ фи къуэшхэм ящыщу, сэ схуэдэу, бегъымбар гуэр Зиусхьэну Тхьэм къыфхуигъэкӀуэнущ».


Уэри уи быну къалэм дэсхэри уи бийхэм фагъэкӀуэдынущ, мывитӀ зэтелъу къагъэнэнукъым, Тхьэм умыкӀуэду укъыщригъэлыну зэманыр къэсауэ къызэрыбгурымыӀуам щхьэкӀэ.


ЩӀалэ лӀар къэтэджыжри, псалъэу щӀидзащ, Хьисэи ар и анэм иритыжащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ