Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 5:26 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

26 ЦӀыху псоми я гур щӀэхуауэ Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀащ. Зэрыгъэщтэжауэ жаӀащ абыхэм: – Сыту телъыджэ нобэ дэ тлъэгъуар!

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

26 Ар псоми яфӀэтелъыджэ хъуауэ, Тхьэм щӀыхь хуащӀрэ хуабжьу шынауэ, жаӀэрт: «Дэ нобэ тлъэгъуар телъыджэлажьэщ».

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 5:26
13 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ЦӀыху гупышхуэм ар щалъагъум, ягъэщӀэгъуащ. ЦӀыхухэм Хьисэ апхуэдэ тепщэныгъэ къезыта Тхьэм щӀыхь хуащӀащ.


ЦӀыхухэр зэрыгъэщтэжащ абдежым икӀи Тхьэм щӀыхь хуащӀу жаӀащ: – Бегъымбарышхуэ къытхэкӀащ. Тхьэр и лъэпкъым нэфӀкӀэ къеплъащ.


Журт пашэхэм аргуэру «ФыкъыдэмыдаӀуэмэ, фэдгъэпшыныжынущ» кӀийуэ къыжраӀэри, къаутӀыпщыжащ. Абыхэм гугъуехь щӀрагъэшэчын щхьэусыгъуэ ягъуэтакъым, а къэхъуам щхьэкӀэ цӀыху псоми Тхьэм щӀыхь хуащӀу щӀадзакӀэти.


Абдеж Гадарэ щыщ цӀыху псори Хьисэ къелъэӀуащ я хэкур ибгынэну, шынагъуэшхуэм зэщӀищтати. Арати, Хьисэ кхъуафэжьейм итӀысхьэжащ ежьэжыну.


Ар щилъагъум, Хьисэ и лъабжьэм зыщӀидзэри, Симон Петр жиӀащ: – ЗбгъэдэкӀ, Зиусхьэн, сэ сыцӀыху гуэныхьщӀакӀуэщ.


ЛӀыр асыхьэтым къэтэджщ, и алэрыбгъур асыхьэтым къищтэжри, цӀыху псоми ялъагъуу, унэм щӀэкӀыжащ. Ар псоми икъукӀэ ягъэщӀагъуэу, икӀи Тхьэм щӀыхь хуащӀу, жаӀащ: – Мыпхуэдэ Ӏуэху зэи тлъэгъуакъым дэ!


Арати, цӀыхубзхэр кхъэлэгъунэм бгъэдэкӀыжри, шына-гъуэмрэ гуфӀэгъуэшхуэмрэ зэщӀащтауэ, хъыбарыр хуаӀуэтэжыну, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я деж щӀэпхъуащ.


ЦӀыху гупышхуэм, хуабжьу ягъэщӀагъуэу, жаӀащ: – Мыр Даут и Къуэу Мэссихьыр армырауэ пӀэрэ?


Ӏэгъуэблагъэм щыпсэу псори шынагъуэшхуэм хэхуащ икӀи Иудей Ӏуащхьэлъэ хэкум дэнэкӀи мы Ӏуэху псори щызэлъащӀысащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ