Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 5:24 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

24 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гуэныхьхэр игъэгъуну дунейм тепщэныгъэ зэрыщиӀэр фщӀэн щхьэкӀэ, – жиӀэщ, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым зыхуигъазэри жриӀащ: – Уэ ныбжызоӀэ, къэтэдж, уи алэрыбгъур къащти, уи унэ кӀуэж.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

24 ЦӀыхум и Къуэм гуэныхьхэр игъэгъуну мы дунейм тепщэныгъэ зэрыщиӀэр фщӀэн щхьэкӀэ, – жиӀэри, Хьисэ зи лъэр къыщӀэмыувэжым жриӀащ: – Уэ ныбжызоӀэ, къэтэдж, уи арджэныр къащти, уи унэм кӀуэж.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 5:24
26 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

икӀи уэздыгъэ тегъэувапӀиблым яхэту ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм ещхьу зыгуэр слъэгъуащ. И лъапэм нэсу джанэ кӀыхь щыгът абы, дыщэм къыхэщӀыкӀа бгырыпхи щӀэпхат.


Паул макъышхуэкӀэ жиӀащ: – Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ ныбжызоӀэ: къызэфӀэувэ. ЛӀым, къыщылъэтри, къикӀухьу щӀидзащ.


Петр цӀыхухэр унэм щӀигъэкӀщ, лъэгуажьэмыщхьэу уври, Тхьэм елъэӀуащ. Хьэдэм зыхуигъазэри, жиӀащ итӀанэ: – Тавифэ, къэтэдж! Тавифэ и нэхэр къызэтрихри, Петр щилъагъум, къэтӀысащ.


– Еней, – жриӀащ Петр, – Хьисэ Мэссихь уегъэхъуж. Къэтэджи, уи пӀэр Ӏухыж. Ар зэрыжиӀэу, Еней къэтэджащ.


Израил цӀыхухэм ятелъ гуэныхьхэмкӀэ щӀригъэгъуэжу, ахэр къахуигъэгъун щхьэкӀэ, Тхьэм Хьисэ Зиусхьэну икӀи КъегъэлакӀуэу уафэм дришеижри, езым и ижьырабгъумкӀэ зыбгъэдигъэтӀысхьащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху псоми тепщэныгъэ яхуиӀэну уи Къуэм и ӀэмыщӀэ ахэр иплъхьащ, уэ абы и ӀэмыщӀэ иплъхьа цӀыху псоми мыкӀуэдыжын гъащӀэ яритын щхьэкӀэ.


Ар жиӀа нэужь, Хьисэ и макъым зригъэӀэтащ. – Лазар, мыбы къыщӀэкӀыж!


Сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэу сызэрыщытым щхьэкӀэ, цӀыхухэм хьэкум ятесщӀыхьыну Адэ лъапӀэм тепщэныгъэ къызитащ.


Уафэм зы цӀыхуи дэкӀуеякъым, ауэ уафэр зи псэупӀэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къехащ.


Хьисэ хъыджэбз цӀыкӀум и Ӏэр иубыдри, жиӀащ: – КъызэфӀэувэ, си хъыджэбз.


Пхъэмбейм бгъэдыхьэри, абы теӀэбащ итӀанэ. Хьэдэр зыхьхэр къэувыӀащ. Хьисэ жиӀащ: – Си щӀалэ, уэ бжызоӀэ, къызэфӀэувэ.


И Ӏэр ишийщ, абы теӀэбэри, Хьисэ жиӀащ: – Сыхуейщ, узыншэ хъуж! Уэшын узыр а лӀым щхьэщыкӀащ асыхьэтым.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ябгъэдыхьэри яжриӀащ: – Уафэми щӀылъэми тепщэныгъэ псори щызиӀэу си ӀэмыщӀэ илъщ.


– Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, – жиӀащ Хьисэ. – Ауэ сэ нывжызоӀэ, иджы къыщыщӀэдзауэ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ къыщысрэ, пшэхэм яхэту къакӀуэу, флъагъунущ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр.


– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм щӀыхьышхуэ иӀэу, и мелыӀыч псори и гъусэу дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ и тахътэм тетӀысхьэнущ.


Кесарфилиппие къалэм и Ӏэхэлъахэм щынэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм еупщӀащ: – Сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, цӀыхухэм сыхэту жаӀэрэ?


Ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гуэныхьхэр игъэгъуну дунейм тепщэныгъэ зэрыщиӀэр къэфщӀэн щхьэкӀэ, – жери, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым жриӀащ: – КъызэфӀэувэ, уи алэрыбгъур къащти, уи унэ кӀуэж.


Арати, Хьисэ теухуа хъыбарыр Сирие хэку псом щызэлъащӀысащ. Узыфэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къызэфыкӀ сымаджэ псори цӀыхухэм къыхуашэрт абы; жин бзаджэм иӀыгъхэри, къэмэххэри, пкъыуэ хъуахэри игъэхъужырт.


Пкъыуэ хъуа лӀы гуэр, алэрыбгъум телъу, лӀы зыбжанэм къахьырт, унэм щӀахьэу Хьисэ и пащхьэм иралъхьэну.


Сытыра нэхъ тыншыр: «Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ» жыпӀэныра, хьэмэрэ «Къэтэджи, ежьэж» жыпӀэныра?


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ