Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 5:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 Ещхьыркъабзэу, Зеведей и къуитӀри, Екъубрэ Иуанрэ, Симон дэлажьэу щытахэр, къэуӀэбжьащ. – Умышынэ! – жриӀащ Хьисэ Симон. – Бдзэжьей къэвубыдын щхьэкӀэ, абы и ужь узэритам ещхьу, нобэ щыщӀэдзауэ цӀыхухэр сэ си гъуэгу къытебгъэхьэнущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 5:10
14 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– ИтӀани, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр хым хадзэу бдзэжьей лъэпкъыгъуэ Ӏэджи къызэраубыда хъырщ.


Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Си ужь фыкъиувэ. Бдзэжьей къэвубыдын папщӀэ, я ужь фызэритам ещхьу, си гъуэгу къытевгъэхьэн щхьэкӀэ, цӀыхухэм яужь фызэрихьэнур фэзгъэщӀэнущ.


Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Си ужь фыкъиувэ. Бдзэжьей къэвубыдын папщӀэ, я ужь фызэритам ещхьу, си гъуэгу къытевгъэхьэн щхьэкӀэ, цӀыхухэм я ужь фызэрихьэнур фэзгъэщӀэнущ.


Адрей кхъуафэжьейм ис я ныбжэгъухэм Ӏэ хуащӀащ къакӀуэу къадэӀэпыкъуну. Ахэр къакӀуэри, кхъуафэжьеитӀыр щӀилъэфэным нэсыху, бдзэжьейр из ящӀащ.


ТиткӀэ фыкъызэупщӀмэ, ар си гъусэу фхуолажьэ. Мы къуэшхэмкӀэ фыкъызэупщӀмэ, ахэр члисэ зэхуэсхэм я лӀыкӀуэу Мэссихь щӀыхь хуэзыщӀхэрщ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр а псоми я гум хуабжьу хыхьэри, хамэбзэхэмкӀэ псалъэу щӀадзащ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къызэригъэпсэлъам хуэдэу.


Симону Хьисэ етӀуанэ цӀэуэ Петр зыфӀищар; абы и къуэш Индрис; итӀанэ Екъуб, Иуан, Филипп, Варфоломей,


Зеведей и къуэхэм я анэр, и къуэхэр и гъусэу, Хьисэ къыбгъэдыхьэри, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьащ, зыгуэркӀэ къелъэӀуну хуейти.


Хьисэ абыхэм къажриӀащ а сыхьэтым: – Фымыдзыхэ, сэращ ар, фымышынэ!


АдэкӀэ кӀуэурэ, нэгъуэщӀ зэшитӀи, Зеведей и къуэхэу Екъубрэ Иуанрэ, ирихьэлӀащ Хьисэ. Абыхэм, я адэ Зеведей я гъусэу, кхъуафэжьейм ису, яхъхэр ягъэхьэзырырт. Хьисэ ахэри къриджащ.


Апхуэдэу щӀыжиӀар апхуэдизкӀэ бдзэжьей куэд къаубыдат, езыри адрей и гъусэхэри гужьеигъуэм хэхуати, аращ.


Симон Петр, ТӀолъхуэныкъуэкӀэ зэджэ Фомэ, Галилей хэкум ит Канэ жылэм щыщ Нафанаил, Зеведей и къуитӀыр, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ нэгъуэщӀ лӀитӀ зэгъусэт.


Апхуэдэу хъумэ, зыхуейр яригъэщӀэну шейтаным иубыда нэужь, абы и хъым къикӀыфыжынущ ахэр.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ