Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 4:18 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

18 «Зиусхьэным и Псэ ЛъапӀэр сигу илъ хъуащ; Тхьэм дагъэ лъапӀэр къысщихуащи. КъыщӀысщихуар тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр яхуэсӀуэтэн папщӀэкӀэщ. Зи гур кӀуэдахэм ягу къызэфӀэзгъэувэжыну, щхьэхуит зэрыхъужынум и хъыбар лъэхъуэщым щӀэсхэм езгъэщӀэну, нэфхэр къэзгъэплъэжынуи, гугъуехь зытелъхэр щхьэхуит сщӀыжынуи Тхьэм сыкъигъэкӀуащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

18 – «Зиусхьэным и Псэр си гум кърилъхьащ. Ар щӀищӀар тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀ яхуэсӀуэтэн щхьэкӀэ сыкъыхихащи, аращ. Щхьэхуит зэрыхъужынур гъэрхэм яжесӀэну, я нэр къызэрыплъэжынур нэфхэм езгъэщӀэну, гугъу ехьхэм хуитыныгъэ естыну,

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 4:18
56 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Нэфхэр къоплъэж, лъашэхэр тэрэзу зекӀуэ, уэшын уз зэфыкӀхэр узыншэ, дэгухэм зэхах мэхъуж, лӀахэр къотэджыж, тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр къалъоӀэс.


Назарет щыщ Хьисэ и хъыбарыр фощӀэ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къаруушхуэмрэ абы къыхуригъэхащ. Тхьэр абы и гъусэу зэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху щхьэпэ ищӀэурэ, шейтӀаным и къарукӀэ хигъэзыхьа цӀыху псори игъэхъужу щытащ.


– Вгъэзэжи, – яжриӀащ Хьисэ лӀыкӀуэхэм, – флъэгъуамрэ зэхэфхамрэ Иуан хуэфӀуэтэж: Нэфхэр къоплъэж, лъашэхэр тэрэзу зекӀуэ, уэшын уз зыпкърытхэр узыншэ, дэгухэм зэхах мэхъуж, лӀахэр къотэджыж, тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр къалъоӀэс.


Ахэр кӀыфӀыгъэм къыхэкӀыу, нэхугъэм зыкъыхуагъэзэн икӀи шейтӀаным и тепщэныгъэм къыщӀэкӀыу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зралъхьэн щхьэкӀэ, я нэхэр къэбгъэплъэжыну, абыхэм я деж узогъакӀуэ. СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ гуэныхьу ящӀар къахуэгъунущ итӀанэ икӀи Тхьэм и ӀэмыщӀэ зезылъхьа цӀыхухэм ӀыхьэфӀу къалъысынур абыхэми къалъысынущ».


СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр кӀыфӀыгъэм къыхэмынэн щхьэкӀэ, дунейм нэхуу сыкъэкӀуащ.


Ауэ фэ Тхьэм къыхиха лъэпкъыу, Тхьэуэ пащтыхьым хуэлажьэ дин пашэхэу, лъэпкъ лъапӀэу икӀи Тхьэм и цӀыхухэу фыщытщ. Апхуэдэу щӀэхъуар кӀыфӀыгъэм фыкъыхэкӀыжу, нэхунэшхуэм фыхыхьэну фыкъыхуезыджа Тхьэм и Ӏуэху телъыджэхэр фӀуэтэн щхьэкӀэщ.


КӀыфӀыгъэм и тепщэныгъэм дыкъыщӀихыжри, фӀыуэ илъагъу и Къуэм и тепщэныгъэм дыщӀигъэуващ.


«КӀыфӀыгъэм хэт цӀыхухэм нэхугъэшхуэ ялъэгъуащ; лӀэныгъэм и шынагъуэ зыщхьэщыт хэку кӀыфӀым ис цӀыхухэм нэху къатридзащ».


уи псэупӀэм мамырыгъэр щегъэбыдэ; гуэдзыфӀкӀэ уегъашхэ,


– Гъуэгу махуэ теуващ гурэ псэкӀэ тхьэмыщкӀэхэр, ахэр Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи.


И гъуэгу ирикӀуэхэм яхэплъэри, Хьисэ жиӀащ: Фэ, тхьэмыщкӀэхэр, гъуэгу махуэ фытеуващ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀэтщи.


Си къуэш лъапӀэхэ, фыкъэдаӀуэ! Мы дунейм и цӀыху тхьэмыщкӀэхэракъэ Тхьэм къыхихар, фӀэщхъуныгъэмкӀэ къулеигъэ пэжыр ягъуэтыжын, Тхьэр фӀыуэ зылъагъухэр къызэригъэгугъа тепщэныгъэшхуэмкӀэ я ӀыхьэфӀыр къалъысын щхьэкӀэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм къигъэкӀуам Тхьэм и псалъэхэрщ жиӀэр. А цӀыхум и гум Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэр кърилъхьэ зэпытщ.


Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ фэ, Абы и мелыӀыч псори, гуащӀэ лъэщхэу, и псалъэкӀэ ӀурыщӀэхэу, зыгъэзащӀэхэм Абы и унафэр!


Уи щытхъу щыжысӀэнщ зэӀущӀэшхуэм, цӀыху Ӏувым сыхэту щытхъу щыпхужысӀэнщ сэ.


«Си Ӏуащхьэ лъапӀэу Ционым тепщэныгъэр щиӀыгъыну си пащтыхьыр тезгъэуващ».


Сыт зыкъызыхуаӀэтыр щӀым щытепщэхэр, зэгуроӀуэ тепщэныгъэ зиӀэхэр, Зиусхьэнми Абы Хихами пэувыжхэу?


Индрис и къуэш Симон япэщӀыкӀэ къигъуэтри жриӀащ: – Мэссихьыр къэдгъуэтащ. (Мэссихьым къикӀыр «Христосыр» арщ.)


НыкъуэкъищӀыкӀ хъуа* къамыл кърищӀыкӀынукъым, ерагъыу блэ уэздыгъэку игъэункӀыфӀынукъым, щыпкъагъэр тригъэкӀуэху.


Зэбииныгъэ игъащӀэкӀэ дэслъхьэнущ уэрэ цӀыхубзымрэ фякуми, уэ быну къыпщӀэхъуэнухэмрэ абы быну къыщӀэхъуэнухэмрэ якуми; абы къыщӀэхъуэнур уэ уи щхьэм къеуэнущ, уэри абы къыщӀэхъуэнум и лъэдакъэм уи шэрэзыр хэбукӀэнущ.


– А псалъэхэр пэжщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ирод пщымрэ Ӏэтащхьэу Понтий Пилатрэ мы къалэм щызэхуэсащ, хамэ лъэпкъхэри израил цӀыхухэри я гъусэу, уэ уи Къуэ лъапӀэ Хьисэу дагъэ зыщыпхуам пэувыну.


ЦӀыху лъэпкъхэр зэрызехьэ хъуащ; пащтыхьыгъуэхэр зэщӀохъае. Псом я Нэхъ Лъагэм и макъ къэӀуащ, щӀыгур мэткӀу.


«Мыращ къысхуэлэжьэну къыхэсхар. Ар фӀыуэ солъагъу, си гум ирихьыр арщ. Сэ си псэр абы и гум ислъхьэнурэ, хамэ лъэпкъхэр щыпкъагъэм иригъэдэӀуэнущ абы.


Ешайа бегъымбарым и тхылъыр къратащ. Тхылъыр зэгуихри, мыпхуэдэу здит щӀыпӀэр къигъуэтащ:


Дунейм и пащтыхьхэм зыкъаӀэтащ, пашэхэри зэхуэсри, Зиусхьэну Тхьэмрэ езым и Мэссихьу дагъэ зыщыхуамрэ япэувынхэу зэгурыӀуащ».


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ