Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 4:17 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

17 Ешайа бегъымбарым и тхылъыр къратащ. Тхылъыр зэгуихри, мыпхуэдэу здит щӀыпӀэр къигъуэтащ:

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

17 Ишаяхь бегъымбарым и Тхыгъэр тхылъымпӀэ шыхьам тету къратащ. Хьисэ Тхыгъэр зэкӀуэцӀихщ, мыпхуэдэ псалъэхэр здит щӀыпӀэр къыщӀигъэщри, къеджащ:

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 4:17
9 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Торэт хабзэм итхэмрэ бегъымбархэм ятха тхылъхэм ярытхэмрэ ящыщ гуэрхэм еджа нэужь, синэгуэгу пашэхэм зыгуэр ягъакӀуэри жрагъэӀащ: – Ди къуэшхэ, мы цӀыхухэр зэрывгъэгушхуэн псалъэхэр фщӀэмэ, жыфӀэ!


Ауэ Тхьэм и щӀыб абыхэм къахуигъазэри, ахэр езым и пӀэкӀэ уафэм и вагъуэхэм хуэлэжьэну къигъэнащ, бегъымбархэм я тхылъым зэритым хуэдэу: «Фэ, израил цӀыхухэр, илъэс плӀыщӀкӀэ губгъуэ нэщӀым фыщитым, къурмэныпхъэу фӀэвгъэжар сэра зыхуэвукӀар?


Ерусалим дэсхэмрэ абыхэм я пашэхэмрэ цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр зэры-Хьисэр ящӀэжакъым. Абы укӀ тралъхьащ, бегъымбархэм я псалъэу щэбэт махуэ къэс синэгуэгухэм къыщызэджэхэр а цӀыхухэм пэж ящӀащ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езы Даут мыпхуэдэу зэрыжиӀар Сабурым иткъэ: «Сэ си Зиусхьэным къыжриӀащ Тхьэуэ Зиусхьаным: Уи бийхэр лъэгущӀэтын пхуэсщӀыху, си ижьырабгъумкӀэ къызбгъэдэтӀысхьэ»?


Хьисэ щапӀа Назарет къалэм кӀуащ. И хабзэм тету, щэбэт махуэм синэгуэгум щӀыхьащ. Тхьэм и псалъэу тхахэм щыщ къахуеджэну, абы щӀэсхэм я пащхьэм иуващ.


«Зиусхьэным и Псэ ЛъапӀэр сигу илъ хъуащ; Тхьэм дагъэ лъапӀэр къысщихуащи. КъыщӀысщихуар тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр яхуэсӀуэтэн папщӀэкӀэщ. Зи гур кӀуэдахэм ягу къызэфӀэзгъэувэжыну, щхьэхуит зэрыхъужынум и хъыбар лъэхъуэщым щӀэсхэм езгъэщӀэну, нэфхэр къэзгъэплъэжынуи, гугъуехь зытелъхэр щхьэхуит сщӀыжынуи Тхьэм сыкъигъэкӀуащ.


Хьисэ, тхылъыр зэтрипӀэжщ, синэгуэгу ӀуэхутхьэбзащӀэм иритри, тӀысащ. Синэгуэгум щӀэс цӀыху псоми я нэхэр абы траубыдащ.


– «Абыхэм Мусэ бегъымбарым итхахэмрэ адрей бегъымбархэм ятхахэмрэ яӀэщ, а тыгъэхэм ирырегъуазэ», къыжриӀащ Ибрэхьим лӀы бейм.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ