Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 4:15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

15 ЦӀыху псоми щӀыхь къыхуащӀурэ, Хьисэ абыхэм я синэгуэгухэм Тхьэм и псалъэхэр щаригъащӀэрт.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

15 Я тхьэлъэӀупӀэ унэхэм цӀыхухэр Тхыгъэ ЛъапӀэм щыщӀигъэджыкӀырт Хьисэ, икӀи псоми щӀыхь къыхуащӀырт.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 4:15
10 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Галилей хэкур зэрыщыту къызэхикӀухьурэ, Хьисэ Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм синэгуэгухэм щаригъащӀэрт, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым ахэр щригъэдаӀуэрт, дэтхэнэ сымаджагъэрэ узрэ зиӀэри игъэхъужырт.


ЦӀыху гупышхуэм ар щалъагъум, ягъэщӀэгъуащ. ЦӀыхухэм Хьисэ апхуэдэ тепщэныгъэ къезыта Тхьэм щӀыхь хуащӀащ.


Хьисэ синэгуэгу гуэрым цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щаригъащӀэрт щэбэт махуэм.


Ауэ а лӀыр ежьэри, къэхъуа псори жиӀэжурэ, зэрыхъужа щӀыкӀэм и хъыбарыр цӀыхухэм яхуиӀуэтэжащ. Абы къыхэкӀкӀэ, цӀыхухэм къалъагъуу Хьисэ къалэ гуэри дыхьэ хъунутэкъым, щӀыпӀэ пхыдзахэм щыӀэт. Ауэ дэни къикӀыурэ, цӀыхухэр абы деж къакӀуэрт.


Галилей хэку псори къызэхикӀухьурэ, я синэгуэгухэм цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щригъэдаӀуэрт Хьисэ, жин бзаджэхэри цӀыхухэм яхихурт.


ЦӀыхухэм ар щалъагъум, псоми икъукӀэ ягъэщӀагъуэри, зэжраӀэжащ: – Мыр сыт? ЦӀыхухэм ӀуэхущӀэхэр ярегъащӀэ. Тепщэныгъэшхуэ иӀэу, жин бзаджэхэми унафэ яхуещӀри, зрегъэдаӀуэ.


И анэ и къалэм къэкӀуэжри, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм синэгуэгум щаригъащӀэу щӀидзащ. ЦӀыхухэм зэраригъащӀэ щӀыкӀэр ягъэщӀагъуэу жаӀащ: – Мы лӀым мыпхуэдиз акъылыфӀагъэ дэнэ къриха? Мыпхуэдэ лъэкӀыныгъэшхуэ зыхэлъ телъыджэлажьэхэр дэнэ къикӀрэ?


Хьисэ къалэ псори, жылэ псори къызэхикӀухьырт. Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм щаригъащӀэрт синэгуэгухэм, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым щӀигъэдаӀуэрт, уз зыпкърыт дэтхэнэ цӀыхури дэтхэнэ цӀыху гукъыдэмыжри игъэхъужырт.


Хьисэ щапӀа Назарет къалэм кӀуащ. И хабзэм тету, щэбэт махуэм синэгуэгум щӀыхьащ. Тхьэм и псалъэу тхахэм щыщ къахуеджэну, абы щӀэсхэм я пащхьэм иуващ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ