Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 4:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр и гум куууэ хыхьауэ, Хьисэ Иорданыпсым къыӀукӀыжащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ар губгъуэ нэщӀым ишащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

1 Тхьэм и Псэр и гум хыхьауэ, Хьисэ Иорданыпсым къыӀукӀыжри, Тхьэм и Псэм Ар къумым ишащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 4:1
19 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Назарет щыщ Хьисэ и хъыбарыр фощӀэ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къаруушхуэмрэ абы къыхуригъэхащ. Тхьэр абы и гъусэу зэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху щхьэпэ ищӀэурэ, шейтӀаным и къарукӀэ хигъэзыхьа цӀыху псори игъэхъужу щытащ.


«Зиусхьэным и Псэ ЛъапӀэр сигу илъ хъуащ; Тхьэм дагъэ лъапӀэр къысщихуащи. КъыщӀысщихуар тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр яхуэсӀуэтэн папщӀэкӀэщ. Зи гур кӀуэдахэм ягу къызэфӀэзгъэувэжыну, щхьэхуит зэрыхъужынум и хъыбар лъэхъуэщым щӀэсхэм езгъэщӀэну, нэфхэр къэзгъэплъэжынуи, гугъуехь зытелъхэр щхьэхуит сщӀыжынуи Тхьэм сыкъигъэкӀуащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм къигъэкӀуам Тхьэм и псалъэхэрщ жиӀэр. А цӀыхум и гум Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэр кърилъхьэ зэпытщ.


– Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр тхьэрыкъуэм хуэдэу уафэм Хьисэ къыхуехауэ къызэрыщхьэщытыр слъэгъуащ.


Иуан зригъэумэхъри, Хьисэ псым къыхэкӀыжащ. Псым къыщыхэкӀыжым, уафэр зэӀукӀри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр, тхьэрыкъуэ теплъэ иӀэу, къызэрыхуехар Хьисэ илъэгъуащ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Хьисэ Галилей хэкум игъэзэжащ итӀанэ. Хьисэ теухуа хъыбарыр а хэку псом щызэлъащӀысащ.


Псым къызэрыхэкӀыжу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Филипп нэгъуэщӀ щӀыпӀэ гуэрым напӀэзыпӀэм ихьащ, Ӏэтащхьэми Филипп илъагъужакъым. ГуфӀэгъуэм хэту, Ӏэтащхьэр и гъуэгу техьэжащ.


Арати, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Симеон Тхьэм и унэшхуэм щӀигъэхьащ. Торэт хабзэм и унафэм тету, сабийр Тхьэм и пащхьэ ирахьэн щхьэкӀэ, и анэмрэ и адэмрэ ар, Хьисэ, Тхьэм и унэшхуэм къыщыщӀахьэм,


Иуан, Иорданыпсым и Ӏэхэлъахэ псори къызэхикӀухьым, цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэурэ, мыпхуэдэу жиӀэрт: – Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, зызвгъэумэхъ, Тхьэм ахэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ.


Кайнан Енощ и къуэщ. Енощ Щэт и къуэщ. Щэт Адэм и къуэщ. Адэм Тхьэм ейщ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ