8 Апхуэдэу щыжаӀэм, Хьисэ и псалъэхэр ягу къэкӀыжащ.
8 Хьисэ апхуэдэу жиӀауэ зэрыщытар абыхэм ягу къэкӀыжащ.
Ауэ фэ фи гукъеяуэр Фщхьэщызыхыжыр – ар Тхьэм и Псэ ЛъапӀэрщ, – Адэ лъапӀэм си цӀэкӀэ къыфхуригъэхынущ. Абы псори фигъэщӀэнущ икӀи сэ нывжесӀа псори фигу къигъэкӀыжынущ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм а къэхъуа-къэщӀам къикӀыр къагурыӀуакъым, ауэ щӀыхьышхуэ иӀэ хъуауэ, Хьисэ уафэм дэкӀуеижа нэужь, Тхьэм и псалъэ тхахэм а псалъэхэр Хьисэ теухуауэ зэрыхэтри, а псалъэхэм тету цӀыхухэм Хьисэ зэрыдекӀуэкӀари ягу къэкӀыжащ.
ЦӀыхубзхэр кхъэлэгъунэм къыщӀэкӀыжри, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀузымрэ адрей я гъуса псомрэ а Ӏуэхугъуэ псори хуаӀуэтэжащ.