48 Фэ а Ӏуэху псоми фрищыхьэтщ.
48 Фэ а Ӏуэхугъуэ псоми щыхьэт фытехъуэнущ.
Хьисэ и гъусэу Галилей хэкум къикӀыу Ерусалим къэкӀуэгъахэм махуэ куэдкӀэ закъригъэлъагъуурэ екӀуэкӀащ итӀанэ. Ахэращ дэ ди лъэпкъым и пащхьэм Хьисэ щыхьэт щыхуэхъур иджы.
Дэри Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри а Ӏуэху псоми дращыхьэтщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр абы едаӀуэ цӀыхухэм я гум кърелъхьэ.
А Хьисэращ Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжар икӀи дэ псори а Ӏуэхум дрищыхьэтщ.
– Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыщыфхуехкӀэ, лъэкӀыныгъэ фиӀэ хъунурэ, Ерусалим къалэми, Иудей, Самарие хэкухэми зэкӀэ дунейм и кӀэм нэсыху щыхьэт фыкъыщысхуэхъунущ.
Тхьэм ар цӀыху псоми яригъэлъэгъуакъым, Тхьэм ар зригъэлъэгъуар нэхъапэм къыхиха щыхьэтхэращ. Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжа нэужь, езым дефэу, дешхэу щытар дэрщ Тхьэм ар зригъэлъэгъуар.
– А Хьисэ журтхэм я къэралми Ерусалими щилэжьа Ӏуэху псоми дэ дращыхьэтщ. Ар пкъом ираӀулӀри яукӀащ.
ГъащӀэ пэжыр цӀыхухэм езытыр фыукӀащ, ауэ Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Дэ а Ӏуэхум дрищыхьэтщ.
Члисэ зэхуэсым и нэхъыжь къыфхэтхэм сыныволъэӀу. Сэри члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сащыщщ. Мэссихь ишэча гугъуехьхэм сращыхьэтщ, Мэссихь и щӀыхьышхуэ къэкӀуэнумкӀи Ӏыхьэ сиӀэнущ. СызэрынывэлъэӀур мыращ:
Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам къарушхуэкӀэ щыхьэт техъуэрт апостолхэр икӀи Тхьэм и нэфӀыр а псоми ину къащыхуэрт.
Фэри щыхьэт фыкъыстехъуэнущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щӀэдзапӀэм къыщыщӀэдзауэ фэ фызигъусэу щытащи.
«Аращи, уэ плъэгъуамрэ зэхэпхамрэ цӀыху псоми я пащхьэм щыпӀуэтэжурэ, Щыпкъагъэр Зейм щыхьэт ухуэхъунущ.