Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 24:44 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

44 – Сыщывигъусам нывжесӀауэ щытар мыращ: Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэми, адрей бегъымбархэм я тхылъхэми, Сабурми сэ къыстеухуауэ ит псори къысщыщӀурэ пэж хъун хуейщ, – къажриӀащ Хьисэ абыхэм.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

44 ИтӀанэ захуигъазэри, мыпхуэдэу яжриӀащ: – Сыщывигъусам вжесӀауэ щытатэкъэ Мусэ и Теурэтми, бегъымбархэм я тхылъхэми, Забурми Сэ стеухуауэ ит псори къэхъун зэрыхуейр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 24:44
88 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Уэрэд ЛъапӀэхэм ит етӀуанэ уэрэдым Тхьэм Хьисэ къызэрыщыжриӀэм хуэдэу: «Уэращ си Къуэр, нобэ адэ сыпхуэхъуащ».


– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гугъуехь куэд ишэчын хуейщ, – жиӀащ абы. – Нэхъыжьхэми, дин пашэшхуэхэми, торэт егъэджакӀуэ пашэхэми ар зыхахун икӀи яукӀын хуейщ, ауэ ещанэ махуэм ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейщ.


Абы щыгъуэ згъэлъэпӀэну мелыӀычым и лъакъуэхэм я деж зездзыхащ. Ауэ абы къызжиӀащ: – Апхуэдэу умыщӀ. Уэрэ уи къуэшу Хьисэ щыхьэт хуэхъухэмрэ сывигъусэу сэри Тхьэм сыхуолажьэ. Тхьэращ бгъэлъэпӀэн хуейр. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэхэр бегъымбархэм я гум кърилъхьэу къащӀыжригъэӀар абыхэм Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр къыжаӀэн щхьэкӀэщ.


Торэт хабзэр къэкӀуэну ӀуэхуфӀхэм я ныбжь къудейуэ щытащ, а ӀуэхуфӀхэр зэрыщытыну дыдэр абы къигъэлъэгъуэн лъэкӀыу щытакъым. Аращи, а къурмэн дыдэу илъэс къэси зэпымыууэ ящӀу щытахэмкӀэ Тхьэм пэгъунэгъу хъуну хуея цӀыхухэр я щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса ищӀын лъэкӀыу щытакъым Торэт хабзэм.


МусэкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀатэмэ, сэркӀи фӀэщхъуныгъэ фиӀэнт, Мусэ зи гугъу ищӀар сэращи.


Мыхъун къысхужремыӀэ, Ӏумпэм сремыщӀ, уи псалъэ гъуазэхэр згъэзэщӀащи.


Уэ къыптехъукӀыну бынхэм я хьэтыркӀэ дунейм и лъэпкъ псоми си нэфӀ ящыхуэнущ, си псалъэм укъызэредэӀуам папщӀэ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм а гъэпсыкӀэмкӀэ къегъэнахуэ я нэхъ Пэш ЛъапӀэу уафэм щыӀэм деж кӀуэ гъуэгур зэрыӀумыхар, а шэтырыжьыр щыӀэху.


Тхьэм и псалъэ тхахэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ хэвгъуэтэн фи гугъэу, ар фи фӀэщу щӀыводжыкӀ. Аращ сэ щыхьэт къыстехъуэр.


Зэбииныгъэ игъащӀэкӀэ дэслъхьэнущ уэрэ цӀыхубзымрэ фякуми, уэ быну къыпщӀэхъуэнухэмрэ абы быну къыщӀэхъуэнухэмрэ якуми; абы къыщӀэхъуэнур уэ уи щхьэм къеуэнущ, уэри абы къыщӀэхъуэнум и лъэдакъэм уи шэрэзыр хэбукӀэнущ.


Мусэ бегъымбарым губгъуэ нэщӀым блэр зэрыщиӀэтыгъам хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэри цӀыхухэм яӀэтын хуейщ,


къажриӀащ: – Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ: Мэссихь гугъуехь ишэчын, лӀэуэ ещанэ махуэм лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейщ.


БгъэдэкӀынукъым тепщэныгъэ башыр Иудэ икӀи пщы башыр абы и къуэхэм, тыгъэ къыхуащӀыурэ, цӀыху лъэпкъхэри абы и жыӀэм едэӀуэнущ.


Салем и пащтыхь Малхицэдэкъ абы къыприхьэжьащ щӀакхъуэрэ санэрэ. Ар Тхьэуэ я нэхъ Лъагэм и тхьэгъэпст.


Мелхиседек Салим къалэм и пащтыхьу икӀи Тхьэуэ я нэхъ Лъагэм хуэлажьэ дин пашэу щытащ. Ибрэхьим пащтыхь куэдым ятекӀуауэ къыщигъэзэжым, Мелхиседек абы пежьэри, Тхьэм и нэфӀ къыщригъэхуащ.


Мусэ Тхьэм хуэлажьэурэ, Тхьэм и унэ псоми Ӏуэху щищӀэу зэрыщытамкӀэ Мусэ и гум щыпкъагъэ илъащ икӀи Тхьэм къыжиӀэну псалъэм щыхьэт техъуащ.


А Мусэращ израил цӀыхухэм яжезыӀар: «Фэ фи къуэшхэм ящыщу, сэ схуэдэу, бегъымбар гуэр Зиусхьэну Тхьэм къыфхуигъэкӀуэнущ».


Сэ нывжызоӀэ, Тхьэм и псалъэу тхахэр сэ къысщыщӀурэ пэж хъун хуейщ: «Хабзэм текӀахэм ящыщу ялъытащ». Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ къыстеухуауэ Тхьэм и псалъэу тхахэр къохъу.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт псори, пэж хъун щхьэкӀэ, цӀыхухэм мыхъумыщӀагъэу ящӀахэр Тхьэм щаригъэпшыныжын махуэщ ахэр.


– Мы псалъэхэр фигу ивгъэлъ: ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр цӀыхухэм яӀэщӀыхьэнущ.


Ауэ мы псори къыщӀэхъуар бегъымбархэм ятхар пэж хъун щхьэкӀэщ. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху псори, езыр утыкум къранэри, щӀэпхъуэжащ абы щӀыгъуэ.


Ауэ Тхьэм и псалъэу тхахэр дауэ пэж зэрыхъунур? Тхьэм и псалъэу тхахэм хэткъэ мыпхуэдэу зэрыхъун хуейр?


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ягуригъаӀуэу хуежьащ а зэманым къыщыщӀэдзауэ: – Сэ Ерусалим сыкӀуэн хуейщ. Нэхъыжьхэми, дин пашэшхуэхэми, торэт егъэджакӀуэ пашэхэми гугъуехь куэд сагъэшэчын икӀи саукӀын хуейщ, ауэ лӀахэм сакъыхэтэджыкӀыжын хуейщ ещанэ махуэм.


Мэссихь гугъуехьхэр ишэчу, абы и ужькӀэ щӀыхьышхуэ иӀэ зэрыхъунур бегъымбархэм я гум илъ Мэссихь и Псэ ЛъапӀэм къыщыжиӀэм, зытепсэлъыхьа зэманри Мэссихь къызэрыкӀуэжыну щӀыкӀэри бегъымбархэм зэрызрагъэщӀэным и ужь итащ.


Тхьэм бегъымбар псоми я гум кърилъхьэри, къажригъэӀащ езым и Мэссихь гугъуехь куэд ишэчын хуейуэ зэрыщытыр, Тхьэм зэриухам хуэдэуи хъуащ.


и гъуэгу ирикӀуэхэм Ӏуэхугъуэхэр яригъащӀэрти. Мыпхуэдэу яжриӀащ абыхэм: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр цӀыхухэм яӀэщӀыхьэнурэ, абыхэм ар яукӀынущ, ауэ яукӀа нэужь, махуищ дэкӀауэ, ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ.


А псор апхуэдэу щӀэхъуар Зиусхьэным бегъымбарым игу кърилъхьэу жригъэӀа псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ:


Сыту жыпӀэмэ си псэр хьэдрыхэ къыщыбнэнукъым. Уэ уи ӀурыщӀэ цӀыху лъапӀэм и хьэдэр бгъэфынукъым.


Фызыхуэсакъыж, бегъымбархэм жаӀа мы псалъэхэр фэ къыфлъремыс:


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ