Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 24:19 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

19 – Сыт къыщыхъуауэ жыхуэфӀэ Ӏуэхухэр? – щӀэупщӀащ ар. – Назарет щыщ Хьисэ къыщыщӀарщ зи гугъу тщӀыр, – къыжраӀащ абыхэм. – Тхьэми цӀыху псоми я дежкӀэ ар и псалъэхэмкӀи илэжьа ӀуэхухэмкӀи лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ бегъымбару щытащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

19 – АтӀэ сыт Ерусэлим къыщыхъуауэ жыхуэфӀэр? – еупщӀащ абы Хьисэ. – Нэзэрэт щыщ Хьисэ иращӀаращ зи гугъу тщӀыр, – жаӀащ абыхэм. – Ар и ӀуэхущӀафэкӀи и ущиекӀи бегъымбар лъэщу Тхьэми цӀыхухэми я пащхьэм итащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 24:19
13 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Ар Хьисэщ, Галилей хэкум щыщ Назарет къикӀа бегъымбарырщ, – жаӀэрт цӀыхубэм.


Мысыр цӀыхухэм акъылыфӀагъэу яӀэу щыта псори Мусэ ирагъэщӀащ, Мусэ и псалъэкӀи илэжьа ӀуэхукӀи лъэкӀыныгъэ зиӀэ цӀыху хъуащ.


Петр къыщӀигъужащ абы и ужькӀэ: – Израил цӀыхухъухэ, мы псалъэхэм фыкъедаӀуэ: Назарет щыщ Хьисэ Тхьэм зэрыщыщыр фэркӀэ къигъэщыпкъащ. Тхьэм ар къызэригъэщыпкъэжар Хьисэ лъэкӀыныгъэшхуэ зыхэлъ телъыджэхэмрэ Ӏуэху телъыджэхэмрэ фи деж зэрыщригъэлэжьамрэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр фигъэлъагъуну зэрылъигъэкӀамрэщ.


Хьисэ къигъэлъэгъуа нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэр щалъагъум, цӀыхухэм жаӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, дунейм къэкӀуэн хуей бегъымбарыр мыращ.


– Зи щӀыхь ин, уэ узэрыбегъымбарыр къэсщӀащ, – къыжриӀащ цӀыхубзым.


Хьисэ деж жэщу къакӀуэри, абы къыжриӀащ: – Равви, уэ Тхьэм къыбгъэдэкӀа дин егъэджакӀуэу узэрыщытыр дощӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр имыгъусэмэ, уэ къэбгъэлъагъуэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къигъэлъэгъуэн зыми лъэкӀынукъым.


ЦӀыхухэр зэрыгъэщтэжащ абдежым икӀи Тхьэм щӀыхь хуащӀу жаӀащ: – Бегъымбарышхуэ къытхэкӀащ. Тхьэр и лъэпкъым нэфӀкӀэ къеплъащ.


Назарет щыщ Хьисэ и хъыбарыр фощӀэ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къаруушхуэмрэ абы къыхуригъэхащ. Тхьэр абы и гъусэу зэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху щхьэпэ ищӀэурэ, шейтӀаным и къарукӀэ хигъэзыхьа цӀыху псори игъэхъужу щытащ.


– Уэри Галилей хэкум ущымыщу пӀэрэ? – къеупщӀащ Никодим. – Тхьэм и псалъэ тхахэм хэплъи, бегъымбар гуэри Галилейм щыщу къызэрымытэджынур къэпщӀэнущ.


– Сыт уи Ӏуэхуу дэ къытхэлъыр, Назарет щыщ Хьисэ? Дыбгъэунэхун щхьэкӀэ укъэкӀуа уэ? Уэ хэт ущыщми, сощӀэ. Тхьэм къыбгъэдэкӀа ЛъапӀэр уэращ.


Ерусалим дэсхэм ящыщу абы мы махуэхэм къыщыхъуар зымыщӀэр уэ зы закъуэрауэ къыщӀэкӀынущ, – жиӀэри абыхэм ящыщ зым, Клеопэ зи цӀэм, Хьисэ къыжриӀащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ