9 Ирод Хьисэ куэдкӀэ къеупщӀащ, ауэ Хьисэ абы зы жэуапи иритыжакъым.
9 УпщӀэ куэд иритащ абы Хьисэ, ауэ Хьисэ жэуап къритыжакъым.
Хьисэ зы псалъи жиӀакъым. Зыри зэрыжимыӀар Пилат Ӏэтащхьэм хуабжьу игъэщӀэгъуащ.
КъыхуэхъущӀэу щытахэми яхуэхъущӀэжакъым ар. Гугъуехь езыгъэшэчу щытахэми, «Сэ ар фэзгъэпшыныжынущ», жиӀэу пэувакъым, ауэ а Ӏуэхур Тхьэуэ цӀыхухэм хьэкумыр захуагъэкӀэ ятезыщӀыхьым ирихьэлӀащ.
Тхьэм и псалъэу тхахэм щыщу Ӏэтащхьэр зэджар мы псалъэхэращ: «Мэлым хуэдэу фӀагъэжыну яшащ. Зыщым и пащхьэм щынэр щэху хъуауэ зэритым хуэдэу, абыи и жьэр зэтрихакъым.
– ФыкӀуи, – яжриӀащ Хьисэ, – а бажэм жефӀэ: «Сэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм нобэрэ пщэдейрэ яхэсхунущ, сымаджэхэми сеӀэзэнущ, си Ӏуэхур ещанэ махуэм сыухынущ».
– Фэ фигукӀэ вгъэлъапӀэ Ӏуэхугъуэхэр хьэхэм евмыт. Налкъутналмэсхэр кхъуэхэм я пащхьэм щивмыкъухь. Апхуэдэу фщӀымэ, абыхэм ахэр яутэнущ, къагъэзэжынурэ, фэри фызэпкъратхъынущ.
Си Тхьэ, сыгуфӀэурэ согъэзащӀэ Уэ пфӀэигъуэр, Уи хабзэр сигу илъщ.
Ауэ дин пашэшхуэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ Хьисэ щагъэкъуаншэм, абы зыри жиӀакъым.
Ауэ Хьисэ зыри жиӀакъым. Зыри зэрыжимыӀар Пилат игъэщӀэгъуащ.
Абдежым щыт дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ хуабжьу ягъэкъуаншэрт.
Преторием щӀыхьэжри, Хьисэ жриӀащ: – Уэ дэнэ ущыщ? Хьисэ жэуап иритыжакъым.