Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 23:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 Ирод зипщ хэкум Хьисэ зэрыщыщыр къыщищӀэм, Пилат Ирод деж Хьисэ иригъэшащ, а махуэ дыдэхэм Ирод пщыр Ерусалим къэкӀуауэ щыӀэти.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

7 Хьирэд щытепщэ щӀыпӀэм Хьисэ зэрыщыщыр Пилат къыщищӀэм, Ар Хьирэд деж иригъэшащ, Хьирэд а махуэхэм Ерусэлим къэкӀуауэ щыӀэти.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 23:7
9 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тиверий кесарым и тетыгъуэм и епщыкӀутхуанэ илъэст; Понтий Пилат зи цӀэр Иудей хэкум и Ӏэтащхьэт абы щыгъуэ. Ироди Галилей хэкум ипщт; Ирод и къуэш Филипп Итурей, Трахонит хэкухэм япщт; Лисаний зи цӀэр Авилиней хэкум ипщт.


Фарисейхэм* ящыщ гуэрхэр абы ирихьэлӀэу къакӀуэри, Хьисэ къыжраӀащ: – Мы щӀыпӀэр къэбгынэ, Ирод пщым и цӀыхухэм уаригъэукӀынущи.


Пщы Ирод, Хьисэ и хъыбарыр зэхихати,


Ирод ар щӀыжиӀар мыращ: ФилиппкӀэ зэджэ и къуэшыр псэу пэтми, Ирод а Филиппым и фыз Иродиадэ зи цӀэр къишэжат. Абы ар къызэришэжам щхьэкӀэ, Иуан Ирод жриӀэрт: «Уи къуэшым и фыз къэпшэжыныр хабзэм къезэгъыркъым». Иродиадэ и лъэӀукӀэ Ирод и зауэлӀхэм Иуан яригъэубыдщ, Ӏэхъулъэхъу ярыригъалъхьэри, лъэхъуэщым щӀригъэдзащ абы и ужькӀэ.


Ирод къыщалъхуа махуэр щагъэлъапӀэм, Иродиадэ и пхъур зэхуэсахэм я пащхьэм къыщыфащ икӀи ар пщы Ирод игу ирихьащ.


Хьисэ цӀэрыӀуэ хъуати, и хъыбар Ирод пащтыхьым зэхихащ. Щызэхихым, мыпхуэдэу жиӀащ: – Ар умэхъакӀуэ Иуанырауэ къыщӀэкӀынщ. Ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ, аращ апхуэдэ къару зыхэлъ Ӏуэху телъыджэхэр щӀилэжьыр.


Пщы Ирод, Хьисэ илэжьа псом я хъыбар щызэхихым, гузэващ, ар зыхуихьынур имыщӀэу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зыгуэрхэм жаӀэрт: – Иуан бегъымбарыр лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ.


Галилей псалъэр щызэхихым, Пилат щӀэупщӀащ: – Мы лӀыр Галилей щыщ?


– А псалъэхэр пэжщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ирод пщымрэ Ӏэтащхьэу Понтий Пилатрэ мы къалэм щызэхуэсащ, хамэ лъэпкъхэри израил цӀыхухэри я гъусэу, уэ уи Къуэ лъапӀэ Хьисэу дагъэ зыщыпхуам пэувыну.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ