Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 23:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 Пилат дин пашэшхуэхэмрэ цӀыху гупышхуэмрэ яжриӀащ итӀанэ: – Мы лӀым зэрызгъэкъуэншэн лъэпкъ езгъуэтылӀэркъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

4 – Мы цӀыхум къуаншагъэ кӀэрыслъагъуэркъым, – яжриӀащ Пилат дин гъуазэ нэхъыщхьэхэмрэ цӀыху зэхэтхэмрэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 23:4
13 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Щыпкъагъэу жыхуэпӀэр сыт? – щӀэупщӀащ Пилат. Пилат ар жиӀэщ, журтхэм я деж щӀэкӀыжри, яжриӀащ: – Мы лӀыр зэрызгъэкъуэншэн лъэпкъ езгъуэтылӀэркъым.


«Гуэныхь лъэпкъ ищӀакъым езым, узыгъэпцӀэн псалъи и жьэм къыжьэдэкӀакъым».


езым и лъыуэ уасэ зыхуэпщӀыну щымытыращ. Езыр хуэныкъуагъэ зимыӀэ, бжьыгъэ зытемылъ щынэ къабзэм хуэдэщ.


– Мы лӀым сыт щӀэпхъаджагъэу ищӀар? УкӀ щӀытеплъхьэн Ӏуэху лъэпкъ ищӀауэ езгъуэтылӀакъым. Аращи, щӀопщкӀэ езгъэуэнщи, сутӀыпщыжынщ, – ещанэу яжриӀащ Пилат Ӏэтащхьэм абыхэм.


– Абы сыт щӀэпхъаджагъэу ищӀар? – еупщӀащ Пилат абыхэм. Ауэ ахэр нэхъ ину къызэрыгъэгуоуащ: – Жорым еӀулӀ!


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Тхьэм дыбгъэдишэн щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэм папщӀэ гугъуехь зэ ишэчащ, абыхэм папщӀэ афӀэкӀа имышэчыжыну. Щыпкъагъэ игу илъу, щыпкъагъэ зигу имылъхэм щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ абы. ЦӀыхухэм щалӀым, лӀэн хуей цӀыхут ар. Тхьэм ар лӀахэм къащыхигъэтэджыкӀыжым, мылӀэжын щыт псэуэ щытт.


Мыпхуэдэ дин пашэшхуэщ дызыхуэныкъуэр: и гур къабзэу, зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ бгъэдэмылъу, лажьэ зыри имыӀэу, гуэныхь зыщӀэхэм яхэкӀыжауэ, уафэхэм я щыгу дэкӀуеижауэ.


Тахътэм здисым, Пилат и фызым лӀыкӀуэ къыхуищӀри къыжрыригъэӀащ: – Щыпкъагъэ зигу илъ а цӀыхум мыхъун гуэр иумыщӀэ. Ныжэбэ пщӀыхьэпӀэ Ӏей слъагъури, а лӀым щхьэкӀэ гугъу сехьащ.


Мы лӀым къехъулӀамкӀэ Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби я Тхьэуэ ди адэшхуэхэм я Тхьэм и Къуэ Хьисэ и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм я пащхьэм къыщигъэлъэгъуащ. Ар фэ тепщэныгъэ зиӀэхэм евгъэубыдащ. Пилат Ӏэтащхьэм ар къиутӀыпщыжыну и гугъарэ пэт, фэ абы и пащхьэм Хьисэ щызэфпэсакъым.


УкӀ щӀытеслъхьэн мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ имыщӀауэ къэсхутащ, ауэ езым, «Кесарым си хьэкумыр ирырещӀэ», жиӀэри лъэӀуати, кесарым деж езгъэшэнэу тезубыдащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ