Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 23:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Хьисэ ягъэкъуаншэу щӀадзэри, мыпхуэдэу жаӀащ: – Мы лӀым ди лъэпкъыр зэӀищӀэу, кесарым хьэкътын ахъшэр ярыримыгъэту, езым Мэссихь пащтыхь зыхужиӀэжу дубыдащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

2 Абыхэм Хьисэ мыпхуэдэу ягъэкъуаншэрт: – Мыбы ди лъэпкъыр егъэщхьэрыуэ. Къайсэрым еттын хуей тезыр ахъшэр «евмыт» яжреӀэ цӀыхухэм, Мэсихьу, пащтыхьу зигъэӀуу дубыдащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 23:2
33 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Абы къыщыщӀэдзауэ, Хьисэ зэриутӀыпщыжыным и ужь итащ Пилат. Ауэ журтхэр зэрыгъэкӀийрт: – Ар бутӀыпщыжмэ, кесарым уриныбжьэгъукъым. Пащтыхь зыфӀэзыщ дэтхэнэри кесарым и бийщ.


яжриӀащ: – Мы лӀым цӀыхухэр зэӀищӀэу жыфӀэри, къысхуэфшащ. Фи пащхьэм абы сыщеупщӀащ, ауэ зэрывгъэкъуаншэмкӀэ лажьэ иӀэу езгъуэтылӀакъым.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ къызэрытщӀамкӀэ, мы лӀыр емынэ гуэрщ, дунейм журту тету хъуар къызэщӀеӀэтэ, диным ирилажьэ Назарет гупкӀэ зэджэми и унафӀэщӀщ.


– Мы лӀым щӀэпхъаджагъэ ищӀауэ щымытамэ, уи деж къэтшэнутэкъым, – къыжраӀащ абыхэм.


– Апхуэдэу щыщыткӀэ, кесарым ейр кесарым ефтыж, Тхьэм ейри Тхьэм ефтыж, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. Хьисэ хуабжьу ягъэщӀэгъуащ абыхэм.


– Кесарырщ, – жаӀащ абыхэм. – Апхуэдэу щыщыткӀэ, кесарым ейр кесарым ефтыж, Тхьэм ейри Тхьэм ефтыж, – яжриӀащ Хьисэ.


Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр гъащӀэм нэхърэ нэхъыфӀщи, щӀыхь пхуэсщӀынщ.


Си дауэгъухэм сызэрагъэкъуаншэ Ӏуэху псоми ящыщ гуэр зыри пэжу къыщӀагъэкӀын ялъэкӀынукъым.


Галилей хэкум къыщыщӀэдзауэ мыбы къэс, Иудей хэку псор, дэнэ кӀуэми, цӀыхухэм яригъащӀэ ӀуэхухэмкӀэ зэӀещӀэ, – трагъэчыныхьырт мыдрейхэм.


– Ауэ мы цӀыхухэм гукъанэ къытхуамыщӀын щхьэкӀэ, гуэлым кӀуэ, бдзэжьей къунтх хэдзи, япэ къэбубыд бдзэжьейр къапщтэрэ и жьэр зэтепхмэ, дыжьын ахъшэ къыжьэдэпхынущ. Ар къащти, хьэкътыну уэрэ сэрэ щхьэкӀэ абыхэм ет.


Уэ узыщӀэхэм лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж яхуэпщӀ зэпытщ, гъуэгу захуэм ирикӀуэхэм уи фӀыгъэ ялъэӀэс зэпытщ.


Пилат Ӏэтащхьэм и пащхьэм иуващ Хьисэ. – Уэ журтхэм урапащтыхь? – еупщӀащ Ӏэтащхьэр Хьисэ. – Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, – жиӀащ Хьисэ.


– Уэ журтхэм урапащтыхь? – еупщӀащ Пилат Хьисэ. – Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, – жиӀащ Хьисэ.


Арати, Пилат Ӏэтащхьэр преторием щӀэкӀри, яжриӀащ: – Мы лӀыр сыткӀэ вгъэкъуаншэрэ?


Аращи, цӀыху псоми яхуэфащэр ефтыж. ЦӀыхухэм тралъхьэ хьэкътынырамэ, ар ефтыж; хьэпшыпхэм тралъхьэ хьэкътынырамэ, ари ефтыж; гъэлъэпӀэныгъэрамэ, вгъэлъапӀэ; лъытэныгъэрамэ, лъытэныгъэ яхуэфщӀ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ