Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 22:53 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

53 Тхьэм и унэшхуэм сывигъусэу махуэ къэс сыщӀэтт, ауэ сывубыдакъым. Фи пӀалъэр къэсащ иджы икӀи мы сыхьэтым кӀыфӀыгъэ бзаджэм тепщэныгъэр ӀэщӀыхьащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

53 Тхьэм и Унэм фи гъусэу махуэ къэс сыщыщӀэтым, сывубыдакъым. Иджы фи пӀалъэр къэсащ. Ӏиблисыр хуит хъуащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 22:53
20 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дызэбэныр лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа цӀыхухэр аркъым, атӀэ жин бзаджэ Ӏэтащхьэхэрщ, тепщэныгъэ зиӀэхэрщ, мы дуней кӀыфым и пашэшхуэ жин бзаджэхэрщ, уафэми щыӀэ жин бзаджэхэрщ.


– Иджы согузавэ. Сыт къыжысӀэнур? Си Адэ, мы гугъуехьым сыхэхыж жысӀэн? Хьэуэ, мы гугъуехьыр сшэчын щхьэкӀэщ дунейм сыкъыщӀэкӀуар.


КӀыфӀыгъэм и тепщэныгъэм дыкъыщӀихыжри, фӀыуэ илъагъу и Къуэм и тепщэныгъэм дыщӀигъэуващ.


Ахэр кӀыфӀыгъэм къыхэкӀыу, нэхугъэм зыкъыхуагъэзэн икӀи шейтӀаным и тепщэныгъэм къыщӀэкӀыу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зралъхьэн щхьэкӀэ, я нэхэр къэбгъэплъэжыну, абыхэм я деж узогъакӀуэ. СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ гуэныхьу ящӀар къахуэгъунущ итӀанэ икӀи Тхьэм и ӀэмыщӀэ зезылъхьа цӀыхухэм ӀыхьэфӀу къалъысынур абыхэми къалъысынущ».


А ӀуэхутхьэбзащӀэхэр дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ я деж къэкӀуэжащ итӀанэ. КъыщыкӀуэжым, адрейхэр еупщӀащ: – Сыт Хьисэ къыщӀэвмышар?


Куэдрэ сынывэпсэлъэжынукъым, мы дунейм и тепщэр къокӀуэри. Абы и Ӏуэху сэ къысхэлъкъым.


Ар щыжиӀэм, Хьисэ яубыдыну хуежьащ, ауэ ар щаубыдыну пӀалъэр иджыри къэсатэкъыми, и Ӏэр зыми хуэӀэтакъым.


Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яригъащӀэу щӀидзащ. ЯригъащӀэ щыхъум, дин пашэшхуэхэмрэ цӀыхухэм я нэхъыжьхэмрэ къыбгъэдыхьэри къыжраӀащ: – Мы Ӏуэхухэр блэжьыну хуитыныгъэ дэнэ къыздипхар? Ахэр блэжьыну тепщэныгъэ хэт уэ къозытар?


Зубыдыну къэкӀуа дин пашэшхуэхэм, Тхьэм и унэшхуэм и хъумакӀуэхэм я пашэхэм, нэхъыжьхэм Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – ХъунщӀакӀуэ фубыд хуэдэу, джатэхэмрэ бжэгъухэмрэ фӀыгъыу фыкъыспежьаи?


Хьисэ яубыдщ, Ӏуашри, дин пашэшхуэм и унэм щӀашащ. Петр жыжьэу якӀэлъыкӀуэтащ.


ЩӀакхъуэ бзыгъэр Хьисэ къызэрыӀихыу, Иудэ щӀэкӀащ. Жэщт.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ