Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 22:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщу ИскариоткӀэ зэджэ Иудэм и гур шейтӀаным иубыдащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

3 Хьисэ и гъэсэн пщыкӀутӀым ящыщ Ехьудэ ИшкӀэриуэт и гур Ӏиблисым итхьэкъуащ абы щыгъуэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 22:3
16 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Пщыхьэщхьэшхэ шхэрт. ШейтӀаным Симон Искариот и къуэ Иудэм игу ирилъхьакӀэт Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдыну.


– Ауэ фэ псоми фтеухуакъым сэ жысӀэр. Сэ къыхэсхар сощӀэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр, пэж хъун хуейщ: «Си щӀакхъуэр зышхам и лъэдакъэр къысхуигъэзэжри, бий къысхуэхъуащ».


Ананий, – жиӀащ Петр, – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм пцӀы хуэбупсынуи, щӀым и уасэм щыщ уи щхьэм хухэпхынуи шейтӀаным уи гум кърилъхьэнкӀэ дауэ хъуа?


Ауэ тепщэныгъэ зиӀэхэм сезыгъэубыдынур си гъусэу мы Ӏэнэм бгъэдэсщ.


Зиусхьэным и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр махуэм къыслъоӀэс, жэщым Абы уэрэд хужызоӀэ, гъащӀэ къызэзыт Тхьэм си тхьэлъэӀур изохьэлӀэ.


Иудэ ар щӀыжиӀар тхьэмыщкӀэхэм гущӀэгъу яхуищӀу артэкъым, атӀэ езыр дыгъуакӀуэти, арт. Абы ахъщащхьэр иӀыгъти, абы иралъхьа ахъшэм хэдыгъухьырт.


Екъуб и къуэ Иудэ, Иудэ Искариот. А Иудэ Искариотырщ иужькӀэ Хьисэ къепцӀыжу тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдар.


– Си гъусэу мы лагъэм зи ӀэкӀэ щӀакхъуэр хэзыгъэпщӀарщ тепщэныгъэ зиӀэхэм сезыгъэубыдынур, – жэуап итыжащ Хьисэ.


– Си ужь икӀ, шейтӀан! – жриӀащ абы Хьисэ. – Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ: «Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапӀэурэ, узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщ».


Симону зи къэралым гурэ псэкӀэ хуэлажьэу щытар, Иудэ Искариот; а Иудэращ Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдар.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ