Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 22:26 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

26 Ауэ апхуэдэ зэхущытыкӀэкъым фэ фи зэхуаку дэлъын хуейр, атӀэ нэхъ ин дыдэу фхэтыр нэхъ цӀыкӀум хуэдэ ирехъу, тхьэмадэри щхьэгъэрытым хуэдэ ирехъу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

26 – Ауэ апхуэдэ зэхущытыкӀэ фэ фяку дремылъ. ПщӀэшхуэ зыхуащӀу фэ къыфхэтыр пщӀэ зимыӀэм хуэдэу щрет. Нэхъыщхьэу къыфхэтыр ӀуэхутхьэбзащӀэ ирехъу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 22:26
10 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Фэ, ныбжьыщӀэхэри, нэхъыжьхэм фахуэӀурыщӀэ. Пагагъэ фи гум имылъу фызэхущыт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «Тхьэр поув пагагъэ зи гум илъ цӀыхум, и нэфӀ щохуэ пагагъэ зи гу имылъым».


Ауэ фи ӀэмыщӀэ илъ цӀыхухэм хэгъэзыхькӀэ тепщэныгъэ яхувиӀэу фадэмыгъуэгурыкӀуэ, атӀэ абыхэм щапхъэ фахуэхъун щхьэкӀэ, фӀы влэжь.


– Мы сабийр сэ си цӀэкӀэ езыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сригъэблэгъауэ мэхъу, сэ сезыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сыкъэзыгъэкӀуари иригъэблэгъауэ мэхъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ фщыщу нэхъ цӀыкӀуращ нэхъ ин дыдэр.


Хьисэ тӀысщ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр къриджэри, яжриӀащ: – Зыгуэр я пэ итыну хуеймэ, ар я ужь дыдэ итын икӀи псоми ӀуэхутхьэбзащӀэ яхуэхъун хуейщ.


Мы лъэхъэнэм ихабзэхэм Ӏэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу. Тхьэм фи гум илъхэр зэрырехъуэкӀ, хьэл-щэныфӀ фхэлъ хъун щхьэкӀэ. Апхуэдэу фщӀымэ, Тхьэр зыхуейр къывгурыӀуэнущ – фӀыгъуэр зыхуэдэри, Тхьэм и гум ирихьри, фӀыгъуэ нэгъэсар зыхуэдэри къывгурыӀуэнущ.


Ауэ апхуэдэ зэхущытыкӀэкъым фяку дэлъын хуейр фэ. Фэ фщыщ ин хъуну хуеймэ, ар ӀуэхутхьэбзащӀэ къыфхурехъу.


Ауэ апхуэдэ зэхущытыкӀэкъым фэ фяку дэлъын хуейр. Фэ фщыщ ин хъуну хуеймэ, ар ӀуэхутхьэбзащӀэ къыфхурехъу.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ