Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 22:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ, цӀыхухэм щабзыщӀурэ, Хьисэ зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэм егупсысырт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр цӀыхухэм ящышынэрт.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

2 Дин гъуазэ нэхъыщхьэхэмрэ теурэт егъэджакӀуэхэмрэ Хьисэ щэхуу зэраукӀын Ӏэмал къалъыхъуэрт, нахуэу зыгуэр иращӀэну цӀыхубэм щышынэрти.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 22:2
12 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хьисэ яубыдын щхьэкӀэ дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ унафэ къыдагъэкӀат: – Хэтми, Хьисэ здэщыӀэм щыгъуазэм хъыбар дигъэщӀэн хуейщ, – жари.


Хьисэ мы ущие хъыбарыр езыхэм ятеухуауэ зэрыжиӀар торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ къагурыӀуати, ар занщӀэу яубыдыну хэтащ, ауэ цӀыхухэм ящышынэрт.


Синэгуэгум щӀэкӀыжауэ, Хьисэ ягъэкӀуэдыну мурад ящӀати, зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэмкӀэ зэчэнджэщыжырт фарисейхэр абы щыгъуэ.


– А псалъэхэр пэжщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ирод пщымрэ Ӏэтащхьэу Понтий Пилатрэ мы къалэм щызэхуэсащ, хамэ лъэпкъхэри израил цӀыхухэри я гъусэу, уэ уи Къуэ лъапӀэ Хьисэу дагъэ зыщыпхуам пэувыну.


– ЖызумгъэкӀхэм хадэр зейм и къуэр щалъагъум, зым адрейм жриӀащ: «Жызум хадэр къызыхуэнэжынур мыращ. Ар дывгъэукӀи, хадэр дэ къытхуэнэнщ».


– ӀутӀыж махуэшхуэр къэсыным махуитӀ зэриӀэр фощӀэ. Жорым ираӀулӀын щхьэкӀэ, тепщэныгъэ зиӀэхэм яӀэщӀыхьэнущ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр.


ӀутӀыж махуэшхуэмрэ ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх махуэшхуэхэмрэ къэсыным махуитӀ къэнэжат. Дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ яукӀын щхьэкӀэ, гъэпцӀагъэкӀэ зэраубыдыну щӀыкӀэм егупсысырт.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ