Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 21:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 – ЦӀыхухэм фыкъызэрамыгъэпцӀэным фыхуэсакъ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си цӀэр зыфӀащурэ, «Мэссихьыр сэращ», икӀи «Махуэр къэблэгъащ», жаӀэу цӀыху куэд къэкӀуэнущ. Абыхэм я ужь фымыувэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

8 – Фысакъ, зыми зыкъевмыгъэгъапцӀэ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыту жыпӀэмэ си цӀэр зыфӀащурэ куэд къыфхуэкӀуэнущ, «Мэсихьыр сэращ!», «Зэманыр къэсащ» жаӀэурэ. Абыхэм я ужь фимыувэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 21:8
26 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ФӀыуэ слъагъухэ, «Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр си гум илъщ», жызыӀэ дэтхэнэри фи фӀэщ фымыщӀ, ауэ и гум илъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арамэ, вгъэунэху, бегъымбар нэпцӀ Ӏэджэ дунейм къытехьащи.


Хэту щытми, зыкӀи зыкъевмыгъэгъапцӀэ. ЦӀыхухэм я щӀыб Тхьэм хуагъэзэн, бзаджагъэм и цӀыхуу Тхьэм игъэкӀуэдыжынур къэлъэгъуэн и пэкӀэ, а махуэр къэсынукъым.


Псалъэ мышыухэмкӀэ зыми зыкъевмыгъэгъапцӀэ, апхуэдэ Ӏуэхухэм щхьэкӀэ Тхьэм и губжьыр езым емыдаӀуэ цӀыхухэм къалъигъэсынущи.


Бегъымбар нэпцӀ куэд къежьэнущ, цӀыху куэди къагъэпцӀэнущ.


ЦӀыху бзаджэхэми гъэпцӀакӀуэхэми я бзаджагъэм хагъэхъуэнущ; абыхэм нэгъуэщӀ цӀыхухэр дахьэх, езыхэми я щхьэр къагъэпцӀэж.


Хьисэ Мэссихь дунейм цӀыхуу къызэрыкӀуар зымыдэ цӀыху куэд – адрей цӀыхухэр къэзыгъапцӀэхэр дунейм къытехьащ. Апхуэдэ цӀыхухэр гъэпцӀакӀуэщ икӀи Антихристхэщ.


«Мис, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр мыдэ щыӀэщ», е «Мес, модэ щыӀэщ», къывжаӀэнущ, ауэ абы фымыкӀуэ икӀи а цӀыхухэм факӀэлъымыжэ;


Благъуэжь абрагъуэр щӀылъэм кърадзыхащ – иблису икӀи шейтӀану жыхуаӀэ блэжьу щӀылъэм тет цӀыху псори дэзыщэхыр аращ. Ари абы и мелыӀычхэри щӀылъэм кърадзыхащ.


А зэманым къыщыщӀэдзауэ Хьисэ Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр иригъэдаӀуэ хъуащ: – Фи гуэныхьхэм фыхущӀегъуэж, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащи.


Къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм ятеухуауэ Тхьэм деж къикӀа мы псалъэхэм еджэр гъуэгу махуэ теуващ. Мы псалъэхэр зэхэзыхыу, зыгъэзащӀэхэри гъуэгу махуэ теуващ, мы Ӏуэхугъуэхэр къыщыхъуну зэманыр къэблэгъащи.


«Фи гуэныхьхэр фтелъу фылӀэжынущ», нывжесӀащ. Пэжщ, сэ сызыщыщыр ныщывжесӀэкӀэ, ар фэ фи фӀэщ мыхъумэ, фи гуэныхьхэр фтелъу фылӀэжынущ.


Сэ си Адэм и цӀэкӀэ сыкъэкӀуащ, ауэ фэ сывдэркъым; абы и цӀэкӀэ нэгъуэщӀ гуэр къакӀуэмэ, ар вдэнущ.


умэхъакӀуэ Иуан жиӀэрт: – Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащи.


– Дин егъэджакӀуэ, уэ а жыхуэпӀэ Ӏуэхухэр сыт щыгъуэ къыщыхъунур икӀи ахэр къызэрыхъунум и нэщэнэхэр сыт? – къеупщӀащ ахэр.


Зауэхэм я хъыбархэмрэ цӀыхухэм къэралхэм я гъэпсыкӀэр якъутэжыну къызэрызэщӀэтаджэм и хъыбархэмрэ щызэхэфхкӀэ, фымышынэ. А Ӏуэхухэр къэхъун хуейщ, ауэ дунейм и кӀэухыр иджыри къэсауэ аркъым.


Арати, Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр щыфӀэткӀэ, сэ хэт сыщыщми, сэр-сэру зыри зэрызмыгъэзащӀэри, си Адэм сигъащӀэ псалъэхэр къызэрыжысӀэри къэфщӀэнущ.


Шыпкъагъэ зимыӀэ цӀыхухэм Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкӀэ Ӏыхьэ къазэрылъымысынур фщӀэркъэ? Фи щхьэр къэвмыгъэпцӀэж: Зинэ зыщӀэхэми, тхьэ нэпцӀхэр зыгъэлъапӀэхэми, цӀыхухъухэм фыз папщӀэу екӀуалӀэхэми,


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ