Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 21:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 – Ауэ мы Ӏуэху псори къэхъун и пэкӀэ, си цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ, цӀыхухэм фаубыдынущ икӀи гугъуехь фагъэшэчынущ. Синэгуэгухэм фратынущ, лъэхъуэщым фыщӀадзэнущ икӀи пащтыхьхэмрэ Ӏэтащхьэхэмрэ я пащхьэм фрашэнущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

12 Ауэ а Ӏуэхугъуэхэр къэхъуным и пэ къихуэу, цӀыхухэм фаубыдурэ гугъу фрагъэхьынущ си Ӏумэтым фызэритым щхьэкӀэ. ТхьэлъэӀупӀэ унэхэм хьэкум къыщыфтращӀыхьынущ, лъэхъуэщхэм фыщӀадзэнущ, пащтыхьхэм, унафэщӀхэм я пащхьэм фрашэнущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 21:12
31 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Зиусхьэным и гъуэгум фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ тепщэныгъэ зиӀэ цӀыху псоми фахуэӀурыщӀэ: псоми я тепщэ пащтыхьыр арами, абыи фыхуэӀурыщӀэ,


Журтхэм Паул зэрагъэкъуэншар дзэпщым нэхъыфӀу зригъэщӀэну хуейти, зауэлӀхэм Паул къаригъэтӀэтэжри, дин пашэшхуэхэри Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ псори зэхуэсыну етӀуанэ махуэм унафэ ищӀащ. Паул къишэри, я пащхьэм иригъэуващ итӀанэ.


ЩӀым теджалэри, макъ гуэрым къыжриӀэу зэхихащ Щаул: – Щаул, Щаул, сыт гугъу сыщӀебгъэхьыр?


Щаул члисэ зэхуэсым щыщхэр игъэкӀуэдыну хэтт. Зы унэм щӀэкӀмэ, адрей унэм щӀыхьэурэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхухъухэри цӀыхубзхэри езым и цӀыхухэм лъэщыгъэкӀэ иригъэубыдурэ лъэхъуэщым щӀригъадзэрт.


Арати, мис а Гамалиил жиӀам едэӀуащ. Апостолхэр къраджэжри, щӀопщкӀэ еуащ итӀанэ. Хьисэ и цӀэкӀэ цӀыхухэм зыри жрамыӀэну унафэ хуащӀри, яутӀыпщыжащ абы и ужькӀэ.


Сэ вжесӀа псалъэхэр фигу къэвгъэкӀыж: ӀуэхутхьэбзащӀэр и тепщэм нэхърэ нэхъыщхьэкъым. Сэ гугъуехь сагъэшэчащ, фэри гугъуехь фагъэшэчынущ. Сэ си псалъэхэм едэӀуау щытамэ, фэ фи псалъэхэми едэӀуэнущ.


Адрейхэм пащтыхьым и унэӀутхэр яубыдщ, лей кърахри къаукӀащ.


Гугъуехьу фшэчынухэм фащымышынэ. Мыр нывжызоӀэ, фигъэунэхун щхьэкӀэ шейтӀаным фэ фщыщ гуэрхэр лъэхъуэщым щӀидзэнущ, гузэвэгъум махуипщӀкӀи фыхэтынущ. ЛӀэныгъэм нэсыху фыкъысхуэпэж. Фыкъысхуэпэжмэ, тажу мыкӀуэдыжын гъащӀэр фэстынущ.


А Ӏуэху псори гугъуехь куэд шэчыным я къежьапӀэ къудейщ.


– ЩӀыр щӀыпӀэ-щӀыпӀэхэмкӀи хуабжьу щыхъеинущ икӀи уз зэрыцӀалэхэмрэ гъаблэхэмрэ къэхъунущ. УафэмкӀи шынагъуэшхуэ нэщэнэхэр къикӀынущ.


Ауэ си цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ, а бзаджагъэ псори къыващӀэнущ, сэ сыкъэзыгъэкӀуар яцӀыхуркъыми.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ