Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 20:47 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

47 Фызабэхэм я унэхэр къытрах. ЦӀыхухэм зыщагъэтхъун щхьэкӀэ, я тхьэлъэӀухэр кӀыхь ящӀ. Ахэр хуабжьу игъэпшынэнущ Тхьэм.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

47 Фызабэхэм я мылъкур фӀашх абыхэм, ауэ тхьэ щелъэӀукӀэ, цӀыхухэм зыкърагъэлъагъун щхьэкӀэ, я лъэӀур кӀыхьу яукъуэдий я хабзэщ. Апхуэдэхэм тезыр ткӀий къапоплъэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 20:47
23 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Фызабэхэм я унэхэр къытрах. ЦӀыхухэр зыщагъэтхъун щхьэкӀэ, я тхьэлъэӀухэр кӀыхь ящӀ. Ахэр хуабжьу игъэпшынэнущ Тхьэм.


Си къуэшхэ, фэ фщыщ куэдыӀуэ дин егъэджакӀуэ хъуным щӀремыкъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ егъэджакӀуэхэм Тхьэм хьэкуму къыттрищӀыхьынур хьэкум нэхъ ткӀийуэ зэрыщытыр фощӀэ.


Тхьэр ящӀэу жаӀэ, арщхьэкӀэ ялэжь ӀуэхухэмкӀэ Тхьэр зэрамыщӀэр ӀупщӀу къагъэлъагъуэ. Ахэр цӀыху гущыкӀыгъуэщ, жыӀэмыдаӀуэщ, сыт и лъэныкъуэкӀи фӀагъ лъэпкъ къапыкӀыркъым.


Арати, увыпӀэ ямыгъуэту цӀыхур мин бжыгъэкӀэ гупышхуэурэ къыщызэхуэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀэу щӀидзащ: – Фарисейхэм я пщагъэу я бзитӀщхьитӀыгъэм фыхуэсакъ.


– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитхэ! Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и куэбжэр цӀыхухэм я пащхьэм щывгъэбыдэ. Фэ езыхэри а тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэркъым, щӀыхьэну хуейхэри хуит фщӀыркъым.


ГъафӀэбзэ нэпцӀкӀэ дызэрыфхущымытар фощӀэ, фи фӀагъ зэдгъэкӀыну гъэпщкӀуауэ муради диӀакъым. АбыкӀэ Тхьэр ди щыхьэтщ.


Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитӀхэ! Фызабэхэм я унэхэр къатывох икӀи цӀыхухэм зевгъэгъэщӀэгъуэн щхьэкӀэ, фи тхьэлъэӀухэр кӀыхьлӀыхь фощӀ. Тхьэм хуабжьу фигъэпшынэнущ абы щхьэкӀэ.


– Торэт егъэджакӀуэ пашэхэм фахуэсакъ! Абыхэм фащэ кӀыхьхэр ящыгъыу къакӀухьын я щӀасэщ. ЦӀыху зэхыхьэпӀэхэм езыхэм цӀыхухэм пщӀэ лей защыхурагъэщӀын яфӀэфӀщ. Синэгуэгухэм цӀыхухэр щыщызэхуэскӀи гухэхъуэ Ӏэнэ щытрагъэувэ щыгъуи тхьэмадэ тӀысыпӀэхэр щаубыдыныр я щӀасэщ.


Тхьэм и унэшхуэм щӀэту щыплъэм, Тхьэм тыгъэ хуащӀ ахъшэхэр цӀыху бейхэм пхъуантэхэм далъхьэу илъэгъуащ Хьисэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ