Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 20:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 – Ауэ жызумгъэкӀхэм хадэр зейм и къуэр щалъагъум, зэчэнджэщыжри жаӀащ: «Жызум хадэр къызыхуэнэжынур мыращ. Ар дывгъэукӀи, хадэр дэ къытхуэнэнщ».

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

14 АрщхьэкӀэ жызумгъэкӀхэм хадэр зейм и къуэр щалъагъум, зэчэнджэщри жаӀащ: «Жызум хадэр зейм и мылъку псори къызыхуэнэнур мыращи, ар дывгъэукӀи, мылъкур дыдей хъунущ».

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 20:14
20 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм дызэрибыным щхьэкӀэ Тхьэм и бынхэм ӀыхьэфӀу къалъысыр дэри къытлъигъэсынущ. А ӀыхьэфӀу Тхьэм Мэссихь къылъигъэсар Мэссихь щӀыгъуу дэри къытлъигъэсынущ. Мэссихь дыщӀыгъуу дэри гугъуехь тшэчмэ, Мэссихь дыщӀыгъуу дэри Тхьэм щӀыхьышхуэ диӀэ ищӀынущи.


Ауэ мы зэманым, мы дунейм и иужьрей дыдэ махуэхэм, Тхьэр и Къуэм и жьэкӀэ дэ къыдэпсэлъащ. Тхьэм Ӏуэху псори и Къуэм и ӀыхьэфӀ хъуну игъэуващ, абыи дунейр къригъэгъэщӀащ.


ГъащӀэ пэжыр цӀыхухэм езытыр фыукӀащ, ауэ Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Дэ а Ӏуэхум дрищыхьэтщ.


Тхьэм зэриухам тету икӀи а Ӏуэхур къэхъун и пэкӀэ ищӀэу зэрыщытам тету, Хьисэ къыфӀэщӀыхьащ. ЦӀыху бзаджэхэм ар жорым иревгъэӀулӀри евгъэукӀащ.


Дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ, цӀыхухэм щабзыщӀурэ, Хьисэ зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэм егупсысырт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр цӀыхухэм ящышынэрт.


Хьисэ мы ущие хъыбарыр езыхэм ятеухуауэ зэрыжиӀар торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ къагурыӀуати, ар занщӀэу яубыдыну хэтащ, ауэ цӀыхухэм ящышынэрт.


– «Тхьэращ Иуан къэзыгъэкӀуар» жытӀэмэ, «НтӀэ, Иуан жиӀахэр сыт фи фӀэщ щӀэмыхъуар?» жиӀэнущ, – зэчэнджэщыжурэ жаӀэрт абыхэм.


Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, Тхьэм и псалъэхэр махуэ къэс яригъащӀэрт Хьисэ цӀыхухэм. Дин пашэшхуэхэри, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри, цӀыхухэм яӀэ адрей пашэхэми Хьисэ зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэм егупсысу щӀадзащ,


ЦӀыхухэр иумэхъын щхьэкӀэ, Иуан хэт къэзыгъэкӀуар? ЦӀыхухэра, хьэмэрэ Тхьэра? – «Тхьэращ Иуан къэзыгъэкӀуар» жытӀэмэ, езым къыджиӀэнщ: «НтӀэ, Иуан жиӀар сыт фи фӀэщ щӀэмыхъуар?» – зэчэнджэщыжурэ жаӀэрт абыхэм.


– ЩӀакхъуэ диӀэкъыми, аращ абы апхуэдэу щӀыжиӀэр, – тепсэлъыхьырт и гъуэгу ирикӀуэхэр а Ӏуэхум.


Сэ къызэлъэӀуи, цӀыху лъэпкъхэри тыгъэ лъапӀэу, щӀылъэри зэрыщыту уи Ӏэ илъыну уэстынщ;


Жызум пычыжыгъуэр къыщысым, и жызум Ӏыхьэр къыӀахыну жызумгъэкӀхэм я деж унэӀутхэр игъэкӀуащ абы.


– Апхуэдэу щыхъум, жызум хадэр зейм жиӀащ: «Сыт сщӀэн? Сэ фӀыуэ слъагъу си къуэ щӀасэр згъэкӀуэнщ. Абы щӀыхь къыхуащӀынкӀи мэхъу».


Арати, жызум хадэм ирахужри, яукӀащ ар. – Жызум хадэр зейм сыт абыхэм ярищӀэнур? – къыщӀигъужащ Хьисэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ