Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Лукас 2:34 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

34 И нэфӀ абыхэм къащыхуэну Симеон Тхьэм елъэӀури, сабийм и анэ Мэрием жриӀащ: – Израил щыщ цӀыху куэд мы сабийм текӀуэдэн, цӀыху куэди мыкӀуэду къригъэлын, икӀи цӀыхухэр зыпэувын нэщэнэу къэнэхуэн щхьэкӀэ, Тхьэм ар къигъэкӀуащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

34 Ар абыхэм Тхьэм и цӀэкӀэ яхуэхъуахъуэри, сабийм и анэ Мэрям мыпхуэдэу жриӀащ: – Мы си ӀэплӀэм илъ щӀалэм Израилым и цӀыху куэд текӀуэдэнущ, куэди къригъэлынущ икӀи куэдым ямыдэн нэщэнэ Тхьэм ищӀынущ мыр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Лукас 2:34
38 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ауэ Мэссихьу жорым ираӀулӀам и хъыбару цӀыхухэм едгъащӀэр журтхэмкӀэ гурымыхьу щытщ, нэгъуэщӀ лъэпкъхэм делагъэу ялъытэ.


Мы мывэм къытехуэр зэпкъриудынущ, езыр зытехуэр ипӀытӀынущ.


Мэссихь и цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ цӀыхухэр къыфхуэхъущӀэмэ, гъуэгу махуэ фытеуващ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу щӀыхьышхуэ зиӀэр фи гъусэщи.


Шэч хэмылъу, нэгъуэщӀ цӀыхум Тхьэм и нэфӀ къыщызыгъахуэ цӀыхур нэфӀ зыщигъахуэм нэхърэ нэхъ инщ.


Сыт щӀамыгъуэтар? ФӀэщхъуныгъэм и гъуэгур ямыдэу, ялэжьа Ӏуэхухэм я гъуэгукӀэ Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнум и ужь иту щытащи, аращ. ЦӀыхухэр зыгъэлъэпэрэпэну мывэм елъэпэуащ.


Арати, Тхьэм и псалъэхэм а лъэныкъуэмкӀэ ину зыщаубгъурт. ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм Ерусалим куэд щыхэхъуащ. Дин пашэхэм ящыщ куэдми фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ къызэрытщӀамкӀэ, мы лӀыр емынэ гуэрщ, дунейм журту тету хъуар къызэщӀеӀэтэ, диным ирилажьэ Назарет гупкӀэ зэджэми и унафӀэщӀщ.


Ахэр щамыгъуэтым, Иасонрэ къуэшхэм ящыщ гуэрхэмрэ къалэ къулыкъущӀэхэм я пащхьэм иралъафэри, кӀийурэ мыпхуэдэу жаӀащ: – Дуней псори зэӀызыщӀэ мы цӀыхухэр мыбы къэкӀуащ иджы.


Ауэ журтхэм цӀыхубэр щалъагъум, фыгъуэныр я гум къихьэри, хущӀэджэурэ, Паул жиӀар ямыдэу къэуващ.


Дунейм и пащтыхьхэм зыкъаӀэтащ, пашэхэри зэхуэсри, Зиусхьэну Тхьэмрэ езым и Мэссихьу дагъэ зыщыхуамрэ япэувынхэу зэгурыӀуащ».


Арати, Хьисэ яукӀыну нэхъри нэхъ ерыщу абы и ужь ихьащ журтхэр. И ужь щӀихьар я хабзэкӀэ мыхъунур щэбэт махуэм зэрищӀам и мызакъуэу, Тхьэм зыхуигъадэурэ, «Тхьэр си Адэщ» зэрыжиӀэм щхьэкӀэт.


Бзаджагъэ зылэжь дэтхэнэми нэхур илъагъу хъуркъым, илэжьа Ӏуэхухэри нахуэ мыхъун щхьэкӀэ, нэхум екӀуалӀэркъым.


– Зиусхьэн, а пцӀыупсыр щыпсэум щыгъуэ, «Махуищ нэужьым лӀахэм сакъыхэтэджыкӀыжынущ» зэрыжиӀэгъар дигу къэкӀыжащ, – жаӀащ абыхэм.


А псалъэхэр цӀыху гупышхуэм щажриӀэм, Хьисэ и анэмрэ и къуэшхэмрэ къепсэлъэну хуейуэ къэкӀуауэ пщӀантӀэм дэтт.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэкӀуащ. Ар машхэ икӀи йофэ. «Ешхэн-ефэныр зи щӀасэу, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ я ныбжьэгъущ», хужаӀэ абы. АрщхьэкӀэ Тхьэм и акъылыфӀагъэм къыхэкӀа къэхъукъащӀэхэм а акъылыфӀагъэр ягъэщыпкъэ.


ИтӀанэ Исуф и адэ Екъуб къишэри иригъэлъэгъуащ ари фирхьэуным; икӀи Тхьэм и нэфӀ щыхуэну Екъуб фирхьэуным хуелъэӀуащ.


Ар Тхьэм хуелъэӀури и нэфӀ къыщыхуэну жиӀащ: – Тхьэуэ я нэхъ Лъагэу, уафэмрэ щӀылъэмрэ КъэзыгъэщӀам, Ибрам и нэфӀ щрехуэ;


Мелхиседек Салим къалэм и пащтыхьу икӀи Тхьэуэ я нэхъ Лъагэм хуэлажьэ дин пашэу щытащ. Ибрэхьим пащтыхь куэдым ятекӀуауэ къыщигъэзэжым, Мелхиседек абы пежьэри, Тхьэм и нэфӀ къыщригъэхуащ.


Уэ уи гурылъхэр къыджыпӀэурэ, дебгъэдэӀуэну дыхуейщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ диным и гъуэгум тет а гупым цӀыхухэр дэнэкӀи къызэрыщыпэувым дыщыгъуазэщ.


ЦӀыху куэдым ягу илъхэр нахуэ къэхъунущ апхуэдэу. ИкӀи уэ уигури, джатэм хуэдэу, гукъеуэшхуэм къиуӀэнущ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ