3 Арати, и цӀэр яригъэтхын щхьэкӀэ, щхьэж и адэ-анэр зыщыщ къалэм кӀуэжащ.
3 Арати, зрагъэбжын щхьэкӀэ, щхьэж и къуэпсыр къыщежьэ жылэм кӀуэжащ.
А махуэхэм Рим къэралышхуэ псом ис цӀыху псори ябжыну икӀи я цӀэхэр ятхыну Август кесарым унафэ ищӀащ.
Мыбы щыгъуэщ цӀыхухэр япэ дыдэ щабжар. Ар къыщыхъуар Сирие хэкум и Ӏэтащхьэу Квириние зи цӀэм и зэманыращ.
Апхуэдэу щыхъум, Исуф, Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм зэращыщым щхьэкӀэ, Галилей хэкум ит Назарет къалэм икӀри, Иудей хэкум ит Даут и къалэ Бэтлэхьэм кӀуащ.
Исуф абы щӀэкӀуар лъыхъуа Мэрием и гъусэу и цӀэр яригъэтхын щхьэкӀэщ. Мэрием лъэщыджэт,
Езы Ефрон яхэст хет цӀыхухэм; арати, жэуап къритащ хет цӀыхуу Ефрон Ибрэхьимым, хет цӀыхуу къалэ куэбжэм къыдыхьа псоми зэхахыу, мыр жиӀэри: