Лукас 19:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр9 КъегъэлакӀуэр мы унагъуэм нобэ къэкӀуащ, – жриӀащ Хьисэ Закхей. – Мы лӀыри Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщщ. အခန်းကိုကြည့်ပါ။ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ9 – Нобэ мы унэм щӀэсхэри Тхьэм къригъэлащ, – жриӀащ Хьисэ Зэхей. – Мы лӀыри Ибрэхьим къытехъукӀахэм ящыщщ. အခန်းကိုကြည့်ပါ။ |
Аращи, Тхьэм къигъэгугъахэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэращ. Апхуэдэу щӀэхъуар Тхьэм дыкъызэригъэгугъахэр абы и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ къызэрыдитыр нахуэ хъун, фӀэщхъуныгъэ зиӀэу Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыху псоми Тхьэм къызэригъэгугъахэр ягъуэтын щхьэкӀэщ. Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхуу жыхуэсӀэхэр Торэт хабзэм тетхэм я мызакъуэу, Торэт хабзэм темыту Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэу иӀам хуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэри арщ. Пэжщ, Ибрэхьим дэ псоми ди адэ хуэдэу щытщ,